Анэдэлъхубзэм и къарур

Адыгэ усакIуэ, драматург, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьынымкIэ программэм щыубзыхуа Iуэхухэм щигъэгъуазэу иджыблагъэ щыIащ Кубэмрэ Индиемрэ. Абы и литературэ зекIуэхэм гупсысэ гъэщIэгъуэн куэди мурадыщIэхэри кърикIуащ. Ди къэралым ис лъэпкъхэм я литературэр зэригъэлъэгъуам нэмыщI, усакIуэр езым и IэдакъэщIэкIхэм ­къеджащ адыгэбзэкIэ. Заринэ зэпича гъуэгуанэ­­хэр Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ гъэнщIат. Хэкум къекIуэ­лIэжа нэужь, дэ абы зыхуэдгъэзащ илъэгъуам тедгъэпсэлъыхьыну:
- Iуэхур къызэрырахьэжьэрэ мы гъэм илъэ­ситху ирокъу. Ар ди Президентым ядиIыгъ Iуэ­хущ, къызэрызэрагъэпэщри къэрал ­мылъкущ. Проектым тету Москва дунейм къыщытехьащ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэхэм я антологиехэр. НобэкIэ къыдагъэкIыну хунэсащ томих: усыгъэ, сабий литературэ, прозэ, драматургие, публицистикэ, лъэпкъ Iущыгъэхэр. Къэралым и щIы­налъэ къэс къыбгъэдэкIыу Iуэхум хэтщ цIыху зыбжанэ. Антологиехэм ягъакIуэ ­художественнэ тхыгъэхэр къыщыхахащ тха­кIуэ­хэм я зэгухьэныгъэхэу щIыналъэхэм щыIэхэм. ПрограммэмкIэ нэсу къызэгъэпэща хъуащ а тхыгъэхэр зэ­дзэкIынри. Зи IэдакъэщIэкI художественнэу зэмыдзэкIахэм къыдагъэлэжьащ езыхэм я зэ­дзэкIакIуэ.
Сэ си насыпым къихьащ тхылъ томихым ящыщу щым си тхыгъэхэр ихуэну: усыгъэм, драматургием, сабий литературэм. 
Антологием и япэ томыр къыдэкIа нэужь, зэхыхьэхэм срагъэблэгъэн щIадзащ. Тхылъхэм я къыдэкIыгъуэ къэс иращIэкI зэIущIэхэр, пшыхьхэр. Дауи, тхылъхэм зи IэдакъэщIэкI итхэри ирагъэблагъэ. Сэри си гуапэу а Iуэхухэм сыхэтщ. 
«Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьынымкIэ программэм» нэмыщI къэунэхуащ нэгъуэщI зыи. Урысейм ис тха­кIуэхэмрэ тхылъ тедзапIэхэмрэ я зэгухьэныгъэм (АСПИР) къызэригъэпэща «МестоимениЯ» проектым хиубыдэу къыдагъэкI къэралым и щIыналъэхэм щыщ тхакIуэхэм я тхылъ щхьэхуэхэр. Абы тхылъи 8 дунейм къытригъэхьэну хузэ­фIэкIащ. «Сказ­ки сердца» зи фIэщыгъэ си тхылъым итщ усыгъэрэ драматургиерэ. Балъкъэр тхакIуэ Мусукаевэ Сакинат ейуэ проектым къыдигъэкIащ «Когда летаешь, нельзя бояться» тхылъыр. Ди тхылъхэр бзитIкIэ - анэдэлъхубзэрэ урысыбзэкIэ - зэхэгъэуващ. 
ТхылъыщIэр, тхылъ гъэщIэгъуэныр - щэнха­бзэм и мыхьэнэм зэрыхэхъуэм и нэщэнэщ. 

Кубэм

- Урысейм икIыу Кубэм щекIуэкIа тхылъ жармыкIэм кIуа гупым яхэтащ тхакIуэхэу, журналистхэу Лиханов Дмитрий, Матвеевэ Аннэ, усакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм яз Терехин Вадим, Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу - сэ. 
Гаванэ дунейпсо тхылъ жармыкIэр илъэс ­31-рэ хъуауэ щокIуэкI. Ар къыщызэрагъэпэщащ екIуу къэгъэщIэрэщIэжа пасэрей быдапIэжьым. Абы укъеплъыхмэ, къалэм хуиту ухоплъэ. Урысейр  зи гугъу тщIы Iуэхум илъэс къэси хэтщ. Ди тхылъхэр щыдгъэлъэгъуэн стенд щхьэхуи тху­хахат. Сэ гъуэгу сыщытеувэм къалэну сиIащ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьынымкIэ программэм хиубыдэу къыдагъэкIа тхылъхэр згъэлъэгъуэну, си IэдакъэщIэкIхэр щIэджыкIакIуэхэм езгъэцIыхуну, сыкъеджэну. Iуэхур къыщызэIуахым ящIа пшыхьым сыкъыщыпсэлъащ, щхьэхуэуи си ­тхыгъэхэр утыку къыщисхьа зэIущIи сыхэтащ. Си IэдакъэщIэкIхэм сыщытепсэлъыхьа зэIущIэр ще­кIуэкIащ Кубэм и тхакIуэ цIэрыIуэ Лойнес ­Марие къэралым къыхуигъэнауэ щыта и унэм, щэнхабзэ центр ящIыжам. 

Индием

- Индием, Нью-Дели, щыIа тхылъ жармыкIэм Урысейм и лъэпкъ стендыр къыщызэIуахым, сэ нэмыщI, хэтащ зэдзэкIынымкIэ институтым и унафэщI Резниченкэ Евгение, Урысейм и посольствэу Индием щыIэм и япэ секретарь Аряевэ Юлие, посольствэм и консультант Анцеферов Михаил сымэ. Абдеж щыдгъэлъэгъуащ къэралым ис лъэпкъхэм я усыгъэр, прозэр, драматургиер, сабий литературэр. Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэкIэ тхауэ абы тхылъ 500 хуэдиз щыдгъэлъэгъуащ. 
Тхыгъэ зэдзэкIынхэм елэжь «Сахитие» ака­демием сыщытепсэлъыхьащ Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ гъэпса тхыгъэхэм я ­къулеягъэм, анэдэлъхубзэкIи си усэхэм сыкъыщеджащ. 
Нью-Дели щыIа тхылъ жармыкIэм къеблэ­гъащ Урысей Федерацэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей. Ар хэтащ Толстой Леврэ Ганди Махатмэрэ я гупсысэхэр зэры­зэпэджэжым теухуауэ къызэIуаха гъэлъэ­гъуэныгъэ гъэщIэгъуэным. Лавров къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Урысейми Индиеми я щэнхабзэхэм зэрызаужьым и гуапэу зэрыкIэ­лъыплъыр. 
Нью-Дели гъэ къэс щекIуэкI тхылъ жармыкIэр мы гъэм илъэс 50 ирикъуащ. Индием щыпсэухэр илъэс псом поплъэ а дунейпсо тхылъ жармыкIэм. Абыхэм ящIэ жармыкIэм тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зыкъомкIэ нэхъ пуду зэрыщащэр. Къэралыбзэ 24-рэ щызокIуэ Индием. Тхылъ еджэну яфIэфIщ къэралым и цIыхухэм. Дэ да­IущIащ урысыбзэр зыдж филологхэм, литераторхэм, зэдзэкIакIуэхэм, аспирантхэм, студентхэм. ЩIэныгъэ куу зэзыгъэгъуэта зэдзэкIакIуэхэр урыс литературэм и классикхэм я тхыгъэхэм, иджырей урыс литературэм и тхыгъэ щIэщы­гъуэхэм йолэжь. 

Мыхьэнэшхуэ иIэщ

- Урысейм ис лъэпкъхэу нобэ литературэ къэзыгъэщIхэм къабгъэдэкIыу сэ - адыгэ тхакIуэ, усакIуэр - апхуэдэ утыку сызэрырагъэхьам мыхьэнэшхуэ хызолъагъуэ. ДымащIэщ, дунейми дытепхъащ. Адыгэбзэр хъума нэхъ щыхъунур Хэкуращ. Сэ Хэкум сикIыу Iуэхум сызэрыхэтар куэд и уасэщ. Ди къэралыгъуэм нобэ гулъытэ ­хуещI бзэхэр хъума хъуным. Апхуэдэ IуэхукIэ утыку ихьа тхакIуэм и лъэпкъым щыщ щIалэгъуа­лэр дэплъеину къысщохъу. Сэ куэдрэ къызоупщI: «Уи бзэкIэ утхэным сыт и мыхьэнэр?» жаIэу. Абы гугъуехь куэд пылъщ, ауэ уи фIэщу зи ужь уихьэ лэжьыгъэр къохъулIэнущ. Си бзэрщ гугъу зыщIезгъэхьыр. Литературэм нобэ ухэ­тыныр гугъу дыдэщ. Си щхьэкIэ, си тхыгъэхэр апхуэдэ утыкушхуэхэм зэрисхьар, сысейхэм нэмыщI, ди къэралым ис лъэпкъхэм я тхыгъэ къыхэщыпыкIахэр дыздэщыIахэм щызгъэлъэгъуэну, сащы­тепсэлъыхьыну пщэрылъ къызэ­рысщащIар литературэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхуу къызолъытэ. Тхыгъэхэм нэмыщI, хуит ­сыкъащIри, ди «Сыринэ» адыгэ щIалэгъуалэ ­театрым и гугъу яхуэсщIащ. Индием щыпсэу цIыхухэм ди теат­рыр яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Сыхуейт абы республикэм ­гъуэгу щигъуэтыну, ­хуиту утыкухэм къихьэну Iэмал иIэну. Сыту жыпIэмэ, «Сыринэр» щIалэгъуалэм анэ­дэлъху­бзэ яIурылъын папщIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и зы Iэмалу аращ. 
ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.