БЭЧХЭ Я УНАГЪУЭМ ДИ ЦIЭР ФIЫКIЭ ЯГЪЭIУ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым щрагъэкIуэкI унагъуэм и пщIэр къэзыIэт, абы жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ «Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэр. Иджы еянэу къызэрагъэпэща апхуэдэ зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ псоми щыщ унагъуэ куэд. ЩIыпIэхэм щекIуэкIа Iыхьэм нэхъыфIу къыщалъыта унагъуэ 384-р иджыблагъэ ирагъэблэ­гъащ Москва. Абы къыщызэрагъэпэщащ къэралым и унагъуэ нэхъыфIхэр щагъэфIэж гуфIэгъуэ пшыхь. 

УнэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ къызэрагъэпэщ урысейпсо зэпеуэм и «Унагъуэ дыщэ» Iыхьэм, ди гуапэ зэрыхъущи, щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Бэчхэ ХьэзрэIилрэ Iэсиятрэ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэм я унагъуэ дахэр Бахъ­сэн районым хыхьэ Ислъэмей адыгэ къуажэшхуэм щопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ илъу. 
Бэчхэр унагъуэу зэрытIысрэ илъэс 52-рэ хъуащи, а зэманым ­къриубыдэу абы исхэм я цIэхэр фIыкIэ фIэкIа щыIуакъым зыдэс жылэми щIыналъэми. Унагъуэм я нэхъыжь ХьэзрэIил илъэс куэд лъандэрэ жыджэру пэрытщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу. «Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм и ветеран», «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд, дамыгъэ лъапIэхэр къы­пэ­кIуащ апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэм. ЕгъэджакIуэ Iэзэм, унэ­тIакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэр мызэ-мытIэу пашэ щыхъуащ Бахъсэн районым, республикэм къыщызэрагъэпэщ спорт зэ­хьэзэхуэхэм. 
Унагъуэм и гуащэ Iэсият илъэс 50-м нэблагъэкIэ щэнхабзэ IэнатIэм пэрытащ. Ар япэщIыкIэ щылэжьащ Iуащхьэмахуэ районым и къалащхьэ Тырныауз дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. ИужькIэ лэжьыгъэм щыпищащ Бахъсэн щIыналъэм. Iэсият илъэс куэдкIэ щIэблэр хуигъэсащ лъэпкъ къафэхэм, Iэмэпсымэхэм еуэным. ЕгъэджакIуэм и гъэсэнхэр жыджэру хэтащ щэнхабзэ, гъуазджэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, увыпIэфIхэр къыщахьу. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ екIум, лэжьыгъэм хуиIэ гумызагъагъэмрэ хэлъ жэуаплыныгъэмрэ къапэкIуащ яхуэфэщэн гулъыти. 
ЖыпIэнурамэ, Бэчхэ я унагъуэ дахэр зэрыщыту лъэпкъ щэнхабзэм итхьэкъуащ. Iэсият пшынауэщ, бынхэм яхэтщ нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэхэм (фортепианэ, бэрэбан) еуэхэри. Унагъуэр зэгъусэу щызэхуэсыжа пщыхьэщхьэхэм абыхэм уахэплъэну куэд и уасэщ: дэтхэнэми я нэгум къощ унагъуэр быдапIэ лъэщу зэраIэр, ар абыхэм я дежкIэ фIыгъуэ мылъытэу зэрыщытыр. 
 Бэч зэщхьэгъусэхэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэщ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ тету япIа я бынищыр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми щIэныгъэфIрэ зэрыпсэун IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ. Ахэр лъэ быдэкIэ хэуващ медицинэ, хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм, я цIэхэр фIыкIэ ягъэIуу. Нэхъыжьхэм я гъащIэр хуагъэдахэ я бынхэм, къуэрылъху-пхъурылъхухэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, текIуэныгъэхэм, гъащIэм хэлъ IэфIхэр иджыри зых­рагъащIэу. 
А псори къалъытащ «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым. Ахэр я тегъэщIапIэу Бэчхэ я унагъуэм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм и щIыхь тхылъ, «ЩIыналъэм жыла­гъуэм зыщегъэужьыным хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ» псалъэ гуапэхэр дыщэпскIэ тхауэ тету. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэр фIыкIэ урысейпсо утыкум щызыгъэIуа, щIыналъэм и пщIэр зыIэта Бэчхэ я адыгэ унагъуэ екIум дэри щIыхьрэ пщIэрэ яхудощI. Ар щапхъэщ уна­гъуэщIэ минхэм я дежкIэ. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну.