«Шэ хуабэ» хьэнтхъупс

Нартыху зэтеуда щIэгъэпщар псы хуабэпцIкIэ щэ-плIэ ялъэс. ЗэIащIэурэ шыуаным ит псывэм хакIутэ, тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуа­ныщхьэр трапIэри, сыхьэтиплI-сыхьэтитхукIэ, тхъурымбэр къытрахыурэ, ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ. А зэманым къриубыдэу псыр щIэвэщIэн хуейщ. ИтIанэ шэ хуабэр щIакIэ, шыгъу ха­дзэри, зэIащIэурэ дакъикъэ 15 - 20-кIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъу­псыр пэшхьэкубгъум трагъэувэ шыуаныщхьэр тепIауэ. Iэнэм щытрагъэувэкIэ хьэнтхъупсыр зэIащIэ, фалъэ куум иракIэ, тхъу гъэткIуа тракIэжри, хуабэу яшх. Зыри дашхыркъым.
Пасэ зэманым гъунэгъу нысэм сабий игъуэтамэ, хьэблэ цIыхубз­хэр зэхыхьэрти ехъуэхъурт. Абы хуахь хабзэт щэкI ­метр, хъыршынипщI, «шэ хуабэ» хьэнхъупс фалъэшхуэ и гъусэу. Пщтыру къракIа хьэнтхъупсыр нысащIэм и деж нахьэсыхукIэ, тIэкIу упщIыIурт. Аращ «шэ хуабэкIэ» щIеджэр. НысащIэр абы етIуанэ, ещанэ махуэхэм ирагъафэрт, быдзышэ нэхъыфIу иIэнущ жаIэрти.
Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
нартыху зэтеудауэ - г 200, псыуэ - г 4000, шэ къашагъащIэу - г 2000, тхъууэ - г 200, шыгъуу - узыхуейм хуэдиз.
«Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.