КЪЭРАЛЫМ И ЩIЫХЬЫР ЯХЪУМЭНУЩУрысей Федерацэм Спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Албанием и къалащхьэ Тиранэ жэпуэгъуэм и 23 - 29-хэм щызэхэтынущ бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. ЦIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ абы щыщIэбэнынущ медаль комплекту 30-м. Ди гуапэ зэрыхъущи, УФ-м и командэ къыхэхам и тренерхэм зэхьэзэхуэм хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменитI. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж къэралым и щIыхьыр щихъумэнущ Урысей Федерацэм бжьыпэр щыубыдыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэпеуэм илъэс 23-рэ иримыкъуахэм я деж япэ увыпIэр къыщызыхьауэ щыта Шэру Иналбэч. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|