«ТХЬЭКIУМАЩIЭМ И ШЫР»

Налшык и уэрамхэрами нэгъуэщI зы къалэ, къуажэ удыхьауэ щытми, япэу гулъытэ зыхуэпщIхэм ящыщщ фэеплъхэр. Лъэпкъым и лIыгъэри гупсысэри зыхэлъ апхуэдэ фэеплъхэр тхыдэм и гъуджэщ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэщ. Ди лIыхъужь нэсхэр щIэблэм яцIыхуным теухуауэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым.

Ди республикэм иIэщ зауэлIхэм, еджагъэшхуэхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм хуагъэува фэеплъ 600-м нэблагъэ. Ауэ дыщыгъуазэ псори апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр дунейм къызэрытехьамрэ ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр хэтми?!

         СурэтыщI гъуазджэм Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ зыщиужьыным и гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ скульптор, РСФСР-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат ТхьэкIумащIэ Михаил. Джылахъстэнейм щыщ IэпщIэлъапщIэр жылагъуэ Iуэхухэми емызэшыжу пэрытащ: КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ, РСФСР-м  и Художникхэм я союзым, СурэтыщIхэм я урысей творческэ организацэм и комитетым хэтащ.

          Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэ нэхъ пажэу щыта куэдым я скульптурэ Михаил ищIащ. Абыхэм ящыщщ Фэнзий Мэжид, ПащIэ Бэчмырзэ, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий, КъардэнгъущI Зырамыку, Кулиев Къайсын, Мечиев Кязим, КIуащ БетIал, Темыркъан Юрэ сымэ.

         ЦIыхубэм «ТхьэкIумащIэм и шыр» зыфIища скульптурэр 115-нэ шууей дивизэм хэтахэм я фэеплъщ. Къамэ иIыгъыу танкхэмрэ шэ топхэмрэ пэщIэува зы шууей псэемыблэжым и теплъэмкIэ Михаил хузэфIэкIащ лIыгъэрэ хахуагъэу ди щIалэхэм а зэман гугъум яхэлъар къигъэлъэгъуэну. Пэжуи, шы зызыIэтам и къарууфIагъымрэ лъэпкъ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа зауэлI лъэщымрэ уи гур ягъэпIейтей.

         Мыхьэнэ мынэхъ мащIэ зиIэ лэжьыгъэщ ТхьэкIумащIэм ищIа нэгъуэщI зы скульптурэри - ар Бахъсэн и пщэкIэ щагъэува фэеплъырщ, Iуащхьэмахуэ бгым япэ дыдэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар ейуэ. Сурэт къудей къызыщIэмына лIыхъужьым и теплъэр хуэгъэфэщауэ зэращIым тету ар скульпторым иухуауэ аращ. ТхьэкIумащIэм ар дегъэлъагъу шыIэ зыхэлъ цIыху зэпIэзэрыту, адыгэ фащэр щыгъщ, абы бащлъыкъыр телъщ, хъурыфэ пыIэри щхьэрыгъыжщ. Къуршхэр къэзыгъэIурыщIэфхэм бгым дэкIа иужь ядэтлъагъу пIейтеигъэм хуэдэ Чылар деж щытлъагъуркъым: ар уардэщ, Iуэху къызэрыгуэкI гуэр къызэринэкIауэ фIэкIа умыщIэну Iэдэбщ, езэшаифи теткъым.

         1980 гъэхэм я кIэхэм, ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэс 90 щрикъунум нэхъ и пэIуэкIэ, республикэм и унафэщIхэм къызэрагъэпэщат тхакIуэм и фэеплъ нэхъыфIу зыщIыфынухэм я зэпеуэ. АрщхьэкIэ а къалэным зрипщытыну зыри епIэщIэкIыртэкъым. ТхьэкIумащIэ Михаил и закъуэщ фэеплъым яужь ихьар. Скульптурэм елэжьыным илъэситIым нэблагъэ текIуэдащ. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зэпымыууэ кIэлъыплъат КПСС-м и обкомым и бюром хэтхэр, икIэм-икIэжым комиссэр ТхьэкIумащIэм зэмыщхьу ищIа скульптурэ зыбжанэм хэплъэжри зым арэзы техъуат. Иджы ар Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гупэм деж щытщ.

         КIыщокъуэ Алим и фэеплъыр, усэ тхылъ цIыкIур IэщIэлъу къэгъэлъэгъуар, налшыкдэсхэми хьэщIэхэми а тхакIуэшхуэр ящызымыгъэгъупщэщ, махуэ къэс зыIуплъэу и усэ купщIафIэхэр ягу къэзыгъэкIыжщ. Къапщтэмэ, апхуэдэ мыхьэнэ яIэу ТхьэкIумащIэм и Iэдакъэ къыщIэкIар  бжыгъэншэщ. Хэкум и хъумакIуэхэм папщIэ абы ищIа фэеплъхэр республикэм и къуажэхэм дэтщ, цIыхум зэрыхуэсакъын хуейм хуэдэ дыдэу, абыхэм жылэдэсхэр кIэлъоплъ.

         Шэч хэмылъу, тхакIуэхэм я фэеплъхэм уащыIуплъэкIэ литературэр уи нэгу къыщIагъэувэ, зауэлIхэм ейм тхыдэ псо къыпхуаIуатэ икIи дэтхэнэ лэжьыгъэми ди гъащIэм  мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ.

      

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.