Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыгъуейщ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэ губгъуэжыхапхъэр ­(амброзиер) Америкэ Ищхъэрэм нащэгъэбагъуэ (­клевер) жылэм хэлъу кърашри, Европэм къагъэIэпхъуа хъуащ 1873 гъэм. Удзым псынщIэ дыдэу зи­убгъуу, и зэранышхуи цIыхум къекIыу къыщIэкIащ. 

Губгъуэжыхапхъэр щыкуэдщ Европэми, Америкэ Ипщэми Ищхъэрэми, Африкэ Ищхъэрэми, Азиеми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы адэкIи зиубгъунущ. 
Урысейм губгъуэжыхапхъэр къыщыщагъуэтар 1918 гъэращ, Ставрополь пэмыжыжьэу, Владикавказ - ТIуа­псы гъущI гъуэгу зэбгрыкIыпIэм хуэзэу. ИтIанэ ар кIуэтащ Краснодар крайм, Ростов областым щынэсар 1950 гъэхэращ. Дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъум къыхэкIыу, ар Урысей Федерацэм и ищхъэрэ щIыналъэхэм мэкIуатэ. 
Губгъуэжыхапхъэр цIыхумкIи къэкIыгъэхэмкIи зэ­ранщ. ЩIы щхьэфэм зэрыщызэбгрыжым хуэдэу, и лъэхъыцми псынщIэу зеукъуэдий, губгъуэжыхапхъэ килограммыр зыхуей хуэзэн, мыгъужын папщIэ, псы литр 948-рэ зыщIеф. Гуэдзым, псалъэм папщIэ, тIукIэ нэхъ мащIэщ зыщIишэр. КъищынэмыщIауэ, абы щIым куэду къыхех азотымрэ фосфорымрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адрей къэкIыгъэхэм зэрызаужьын псырэ щIыгъэпшэррэ къахуигъэнэжыркъым. 
Губгъуэжыхапхъэм губгъуэр зэщIищтамэ, мэкъумэш техникэр тэмэму лэжьэжыфыркъым, гъавэр и чэзум ­Iуахыжыфыркъым, мэкъупIэм нэсамэ, Iэщым ишхын удз къигъэкIыркъым. А къэкIыгъэм игъэсымаджэ цIыхум и лъэр щIех: и нэпсыр къыщIэжу, и нэм шын щIищIэу, тэмэму имылъагъужу мэхъу, тхьэмбылыр ­игъэбэгыу цIыхур къащыхуемыгъэли щыIэщ. 
Дызытепсэлъыхь удз лIэужьыгъуэр апхуэдизкIэ «быныфIэщи», улъэщIэмыхьэу мэбагъуэ. Зы удз жэпкъым и гъужыгъуэм жылэ мин 40-м нэс къыполъэлъри, щIым хокIэ. КъыкIэлъыкIуэ гъатхэм а псори мэгъагъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, сыт хуэдизрэ ар шэ­мэджкIэ иумыхми, губгъуэжыхапхъэр зэрымы­кIуэдыр, уеблэмэ ипхыху лъабжьи 5 - 15 зэриутIыпщыр. Ар нэхъыбэу щыгъагъэр накъыгъэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэрщ, ауэ ди щIыналъэм щыпсэухэм я аллергиер къыщы­хъейр шыщхьэуIу - жэпуэгъуэ мазэхэращ. 
АтIэ, дауэ губгъуэжыхапхъэм узэрыпэщIэтынур?
Iэмалищ иIэщ абы: мэкъумэш, химие, биологие.
МэкъумэшхэкIыу хэпсэр лIэужьыгъуэкIэ зэкIэлъыб­гъакIуэмэ, щIэныгъэм зэрыжиIэр бгъэзащIэмэ, Iуэхур егъэпсынщIэ. Псом япэрауэ, зы гъэм хэпса къэкIыгъэр, етIуанэми абдеж дыдэм щыхэпсэж хъунукъым. ­Мэ­къумэш лэжьыгъэхэм епха щIэныгъэлIхэм зэрызэ­хагъэщхьэхукIа хабзэм тету зэблэхъун хуейщ жылэхэр. Хадэм къыщыкIа губгъуэжыхапхъэм и лъэхъыцыр зэригъусэу къыхэчын хуейщ, армыхъумэ, зэрыжытIащи, пыбупщIыху нэхъри мэбагъуэ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м щагъэбелджыла гын зыбжанэ щыIэщ, а удзыр ирагъэкIуэду.
Ещанэ Iэмалыр - губгъуэжыхапхъэр щыкI щIыпIэм удз Iув зэмылIэужьыгъуэхэр, джэш, хьэ, гуэдз, къинэ­мыщIхэр щыхасэ. «Амброзивный листоед» жиIэу щыIэщ хьэпIацIэ лIэужьыгъуэ, а удзым фIэкIа имышхыу. А псори зы пщIыжрэ, зэкIэлъхьэужьу губгъуэжыхапхъэм «уеуэмэ», илъэситI-щым къриубыдэу пхуэгъэкIуэ­дыну аращ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ мы удзыжьыр гъэкIуэдыныр щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, щIыр бэджэнду зыIыгъ­хэм, унагъуэхэм я къалэну зэрыщытыр. «О карантине растений» жиIэу УФ-м 2014 гъэм Хабзэ къыщащтащ. Абы и 32-нэ Iыхьэм щыгъэбелджылащ мы удзыр гъэкIуэ­дыным хуэгъэзауэ зи къалэныр зымыгъэзащIэм ахъшэу ирагъэпшыныр: унагъуэхэм - сом 300 - 500, ­КъулыкъущIэхэм - 500 - 1000, IуэхущIапIэ зиIэхэм - 5000 - 10000. 
Фырэ  Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.