АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ КЪИХЪУМАЩ

Щоджэн Берсис 1978 гъэм Тыркум щыщ Мэраш къуажэм къыщалъхуащ. Мармара университетым юристу щеджащ. Истамбыл унагъуэу щопсэу.

И адэшхуэм и адэшхуэ Гъумарт Хэкум икIауэ щытар. 1896 гъэм Шэрэдж икIри, мэчэм хьэжыщI кIуати, абы къыщынащ, и унагъуэр и гъусэу. Гъумар - Мырзэбэч - Iихьсан - Исмэхьил - Берсис. КъуэшитIрэ шыпхъуитIрэ иIэщ. Мыпхуэдэщ и лIакъуэр.

Анэдэлъхубзэм сыкъихъумащ

- СыщыцIыкIум, унагъуэр адыгэбзэт дызэрызэпсалъэр. Тыркубзэр щIагъуэу тщIэртэкъым. ЕджапIэм сыщыкIуам, си тыркубзэр ирикъуртэкъым - егъэджакIуэм жиIэхэр тэмэму къыдгурыIуэртэкъым иныкъуэм, дэ жытIэхэри езым къыгурыIуэртэкъым. ИтIанэ абы къыджиIащ: «ДяпэкIэ еджапIэм адыгэбзэкIэ фыщыпсалъэ хъунукъым. Унэми аращ - тыркубзэщ фызэрыщызэпсэлъэн хуейр. Ар фи адэ-анэхэми яжесIэнущ». ЕгъэджакIуэм и псалъэр куэдым дгъэзэщIакъым, дауи. Сэ къуажэ еджапIэр къэзухыху унэм тыркубзэкIэ дыщызэпсэлъакъым. Ауэ еджапIэм адыгэбзэкIэ дыщагъэпсэлъакъым.

Къалэм сыщыщеджэм тырку ныбжьэгъухэр куэду сиIэти, тыркубзэр нэхъыбэрэ къэзгъэсэбэпын хуей хъурт. АдыгэбзэкIэ сызэпсэлъэн ныбжьэгъу си мащIэт. Ауэрэ адыгэбзэм мо хамэбзэр къысфIытегуплIэ хъуащ. Ар си гум техуэртэкъым. Анкара щыIэ Адыгэ хасэм сыкIуауэ, абы «Адыгэбзэ» тхылъ щыслъэгъуати, къэсщэхури, сэр-сэру адыгэбзэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ зэзгъэщIащ. АдыгэбзэкIэ тхауэ сыт къысIэрыхьэми, абыхэм макъкIэ седжэурэ, адыгэ уэрэдхэм седаIуэурэ, сызыхуэзэ адыгэхэм сепсалъэурэ, си адыгэбзэр нэхъыфI хъужащ. А зэманхэм Кавказ къафэхэм щыхуагъасэ  гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абыи сыхыхьащ. Сытми, си анэдэлъухбзэм сыкъихъумащ адыгэу.

«Мазэр мыбыи щызолъагъури?!»

- 2007 гъэм япэу Хэкум сыкъихьэжауэ щытащ. Кхъухьлъатэм сыкъыщехым, слъагъур си фIэщ мыхъуу нэпсейуэ зысплъыхьырт. Сурэт тесхынути, ар къысхуадатэкъым. Си лъэр щIым щытезгъэувам сэ зыхэсщIар дауэ къэсIуэтэн! ДызэлъэIэсат Хэкумрэ сэрэ, дызэпыщIат. КъысIэщIача гуэр къэзгъуэтыжа хуэдэт. Жэщым згъэщIагъуэрт: «Мазэр мыбыи щызолъагъури?!»  Иджы сыхуеиху сыкъэкIуэж мэхъу!

Адыгэм и къэкIуэнур…

- Дуней псом щикъухьа лъэпкъым зихъумэжыну гугъущ. Хабзэ-бзыпхъэри, бзэри къэкIуэну зэманым хуэбгъэхьэзырын, япэкIэ уплъэн хуейщ. Нэхъыбэ дыдэу адыгэ щыпсэу къэралыр Тыркурщ. Ауэ абы щыпсэухэри езы къэрал кIуэцIым щикъухьыжащ. Нэхъапэхэм нэхъ зэпэгъунэгъухэт, нэхъ зэрыIыгъхэт. Иужьрей илъэс 30-40-м къриубыдэу нэхъ икъухьа хъуахэщ, къалэхэм цIыхухэр куэду Iэпхъуэри. Лэжьыгъэ, щIэныгъэ IуэхукIэ зи быныр къалэм Iэпхъуэхэр, езыхэри ахэр здэщыIэм мэкIуэж. Къалэшхуэм цIыхур нэхъ щIэхыу щыхошэпсыхь хамэ лъэпкъым. ЩIалэгъуалэр нэгъуэщI лъэпкъ щыхыхьэкIэ, абы я гухэлъ Iуэхур къатокIуэ тыншу, хамэ лъэпкъым щыщхэм унагъуэ даухуэ. ЩIалэм и Iуэхур аращ - еджапIэ, лэжьапIэ кIуэмэ нэхъыбэрэ зыхэтым, илъагъум, ицIыхум гухэлъ хуещI. Абдеж лъэпкъ Iуэхур къыщызэпоуд.  Нэхъапэм нэхъ мыхьэнэ иратырт адыгэ гъусэ ящIыным. Адэ-анэхэри а Iуэхум нэхъ хуэсакъырт.

Гупсысэр гувауэ къалъэщIохьэж     

- Иджыпсту щIалэгъуалэм соплъри, дэ дыщыпсэумкIэ щыIэхэри хэкум исхэри, зэпэIэщIэ пэтми, я хьэлкIэ, я псэукIэкIэ, гупсысэкIэ нэхъ зэщхь хъуауэ къысщохъу. Ар дуней псор зэпызыщIа интернетым изопх. Куэд соцIыху, бзэр зэрагъэщIэжыну ехъуапсэу. Пэжым ухуеймэ, тIэкIу гувауэ къалъэщIохьэж а гупсысэр. Быныр щыцIыкIум унагъуэм къыщежьэн хуейщ анэдэлъхубзэр. Бзэм и Iуэхур хэкумкIи тIэкIу хэплъэгъуэ щыхъуауэ къысщохъу. Адыгагъэ зыхэлъи зыхэмылъи щыIэщ. Ауэ джэгун-къэфэныр псоми яфIэфIщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите