ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР ХАЛЪХЬЭ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэм и президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ. 

Абы щызэгурыIуащ КъБР-м и Парламентым и къыкIэ­лъыкIуэ зэIущIэр мэкъуауэ­гъуэм и 6-м зэрекIуэкIынумкIэ. 
Депутатхэр хэплъащ «КъБР-м и къэрал мылъкур зегъэ­кIуэным теухуауэ» КъБР-м и ­законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным ехьэлIауэ» республикэ законым и проектымрэ «КъБР-м и къэрал мылъкур уней мылъку щIыным теухуауэ» законым и 7-нэ статьямрэ. Законым и проектыр щIэуэ щIагъэхьэзырам и щхьэусыгъуэр республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэнымкIэ щIыналъэ гъэ­зэщIакIуэ органым и мызакъуэу хэгъэгум и нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэми я унафэ халъ­хьэну иубзыхуну КъБР-м и Правительствэм хуитыныгъэ еты­нырщ. 
КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур зэры-жиIамкIэ, зи гугъу ящI законопроектыр щIагъэхьэзырар «Корпорация развития КБР» акционер обществэм ехьэлIауэ КъБР-м Экономикэ зыужьы-ныгъэмкIэ и министерствэм унафэ ищIыну хуитыныгъэ иIэн зэрыхуейрщ. Абы акционер обществэм ипщэ къыдэхуэ лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэфIихынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. 
«КъБР-м и правовой актхэм ятеухуауэ» КъБР и законым зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» щIыналъэ законым и проектым тепсэлъыхьащ къызэхуэсахэр. Абы щIеIусам и щхьэусыгъуэр Iуэхум епха федеральнэ законымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьарщ. 
КъБР-м и Парламентым Хабзэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, 37-нэ законым и 4-нэ статьям халъхьа зэхъуэ­кIыныгъэр зытеухуар, хабзэм къызэригъэувым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Парламентыр и жэрдэмщIа­кIуэу налог къыхэхыныр къы­щIэдзэн, щыухын хуейм, налогыр тын щыхуей пIалъэмрэ зэрат хабзэмрэ, налог худэ­чыххэм, налогым и куэдагъым, республикэ бюджетым епха нэ­гъуэщI финанс Iуэхухэм ятеу­хуа республикэ законхэм я проектхэр къыхилъхьэнырщ икIи иубзыхунырщ.  
Законхэм я проектхэр абы хэплъэжын хуей псоми хурагъэхьащ. Абыхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэмрэ дэщIыгъуныгъэ­хэмрэ кърагъэхьыжмэ, а ­      псор къэ­лъытауэ комитетхэм ­КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэхуэ­сым утыку къыщрахьэнущ. 
КъищынэмыщIауэ, депу­татхэр хэплъащ федеральнэ за­кон зыбжанэм, УФ-м и Налог, ЩIы кодексхэм ятеухуа­хэм, апхуэдэуи щIыналъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къагъэ­хьа зэрызы­хуагъазэхэр зэпкърахащ. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.