ПАСЭРЕЙ АДЫГЭХЭМ Я ТХЫБЗЭР

Илъэс 50-м нэблэгъащ Псыжь щIыналъэм мэуэт къалэхэр къыщагъуэтыжауэ, къызэратIэщIрэ. Археолог нэхъыщхьэу а къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа Анфимов Н.В щIым къыщIихыжа фэеплъхэм ящыщщ пасэрей адыгэхэм тхыбзэ зэраIам щыхьэт техъуэ чырбышхэр. 

 Крушкол Ю.С. итха «Древняя Синдика» (1971 гъэ) тхылъми къыщыгъэлъэгъуащ мэуэт жылагъуэхэм я теплъэмрэ тхыдэмрэ щытепсэлъыхь ятIэ чырбышхэр. 
Зи лъэныкъуэхэр сантиметри 10*16 хъу чырбыш зэбгъузэнатIэхэм сантиметри 2 я Iувагъщ. Дэтхэнэми и Iыхьэ щанэр хъурей, зэблэдз, щимэ, зэпэплIимэ, нэгъуэщI геометрие тхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ, тхыгъэ тетым къищынэмыщIауэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIи, Месопотамие тIуащIэм къыщыщIахыжа хьэт, шумер, аккад, ащыр гъущIынэтхым хуэдэу, ятIэр тIатIэ щIыкIэ традзэурэ ягъэжьэжауэ аращ.
Псыжь ижьырабгъу Iуфэм Iусу нобэрей Елизаветинскэ станицэм нэсу къухьэпIэмкIэ километр 20-кIэ кIыхьу зыщызукъуэдия пасэрей жылэжьхэр къахутэжагъэххэщ. Сэмэгурабгъу Iуфэм Iусу къуэкIыпIэмкIэ дэкIуейуэ щысащ а жылэжьхэр, Щхьэгуащэ, Ахупс псыхэм я зэхуакум дэсу, нобэрей Мейкъуапэ нэс ипщэкIэ ехыу. 
Дызытепсэлъыхь чырбышхэр нэхъыбэ дыдэу къыщыщIахар Краснодар псыхъумапIэм щIилъэфа адыгэ къуажэу Нэчэрэзий жыхуиIэрщ. Ар щысу щытащ ЗейIуащхьэ и лъапэм деж. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар еджапIэу е щIэныгъэ хъумапIэу щытагъэнущ. 1995 гъэм ятIэ чырбыш 300-м нэс къыщагъуэтыжат абдеж, псыхъумапIэм ит псым илъэсарэ зэбгридзыжауэ. Адыгэ Республикэм и Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэм, этнологием, археологием теухуауэ къыдигъэкI журналым 2002 гъэм и 2-нэ къыдэкIыгъуэм ихуауэ щытащ абы теухуа тхыгъэшхуэ. ИужьыIуэкIэ «Хьэтыпсэ пасэрей къалэжьым и хъыбар» фIэщыгъэцIэм щIэту тхылъ щхьэхуэу къыдагъэкIыжащ. 
Соломоник Э.И. гу зэрылъитамкIэ, мэуэт чырбышхэм тет дамыгъэхэр хуэдэщ лъэпкъ дамыгъэу адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм къадекIуэкIхэм. А дамыгъэхэр езыхэр хьэт гъущIынэтхми, домбеякъ лъэхъэнэ жыжьэм лъэпкъым бгъэдэлъа тхыбзэми зэрещхьымкIэ, абыхэм къатехъукIыжауэ жаIэ щIэныгъэлIхэм. Ауэ щыхъукIэ, адыгэм зэи тхыбзэ димыIауэ жыхуаIэр пэжкъым. КъызэрыщIэкIымкIи, лъэпкъ дамыгъэу къэтлъытэхэращ ди тхыбзэм и хьэрфхэри.
Пэжу, нэхъыжьхэм къаIуэтэж хъыбарыжь, ди лъэпкъым и тхыбзэр зэгуэр зэрыIэщIэхуам теухуауэ… Биидзэ гуащIэр къеуэсат пасэрей адыгэхэми, къарууэ яIэр абы трамуухуэу хъунутэкъым. Ауэ щыхъум, дзэм и гъуазэм жиIащ: «Мы Iуэхум зэманышхуэ ихьынущ. Ауэ ди щхьэр хэтлъхьэми, бийм дыIэщIэкIми – ди тхыбзэр дымыхъумэу хъунукъым. Дзэм зауэлIу хэтым зырызу тызогуашэ ди тхыбзэм и дамыгъэхэри, дэтхэнэми ар ирехъумэ, зэгуэр зауэр иухрэ, мамыру дытIысыжмэ, ди щIэблэм ар яIурытлъхьэжын хуэдэу». ЗэрыжаIэмкIэ, а зауэм куэд дыдэ хэкIуэдат, зэман кIыхькIи екIуэкIат, иуха нэужьи лъэпкъыр апхуэдизкIэ мащIэ хъуати дамыгъэхэр псори яхузэхуэхьэсыжакъым, тхыбзэри абдеж щаIэщIэхуащ. Ауэ къелахэм къыхуагъэна дамыгъэхэр нобэм къахьэсащ.
Мэуэт чырбышхэкIэ къэдгъэзэжынщи, куржы тхыдэтх Мровели Леонтий етх Македонский Александр дуней псор къихэхун мурадкIэ иригъэкIуэкIауэ щыта зауэшхуэхэр Кавказми къызэрыжьэхэуар, икIи бгырыс лъэпкъхэм яIа тхыбзэм ипIэкIэ езым и щэнхабзэмрэ бзэмрэ къахипщэну зэрыхэтар. Псы Iуфэм Iуса пасэрей хьэт лъэпкъыжьхэр абы зэрыпэщIэтар я нэгу къахущIэгъэхьэнущ, адыгэм бгъэдэлъа хъыжьагъэмрэ лIыгъэмрэ щыгъуазэм… 
Археологиер щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 400 гъэхэрщ мэуэтхэр Псыжь деж щытIысар. А лъэпкъыр дэнэ къикIами, анадолэ хьэпшыпхэр - хъы, щэкI зэрадж Iэмэпсымэхэр, хьэкъущыкъухэр къызэдахьащ. ГурыIуэгъуэщ ахэр Хьэт къэралыгъуэ щэщэжам щыпсэуахэр арауэ зэрыщытыр, зыгуэрым IэщIэкIыу, зыщагъэпщкIуу Псыжь нэс къызэрыIэпхъуар.
Ауэ щыхъукIэ, Псыжь и Iэхэлъахэм къыщагъуэтыжа чырбышхэр зи Iэужьыр алыджхэм быдэу япыщIауэ щыта щындхэракъым, атIэ, Трабзон къыздраха щIэныгъэр Кавказым щахъумэну мурад быдэ зыщIа хьэт лъэпкъ гуэрт… Мэуэтхэрт. 
Хьэт гъущIынэтхым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтауэ мыбдеж къэсами, мэуэт гъущIынэтхыр абы къызэрытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэщ мыр. Абы егупсысахэри мащIэ хъункъым. Ауэ, дыхуейт а мэуэт чырбышхэр зэхуахьэс мыхъуу, ахэм тетхар къатIэщIыну, къытхуаIуатэр къыдгурыIуэну. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2025 - 12:25

Гъуэзыпшэ вагъуэхэр

Къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым иджыблагъэ къытехуащ США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым щылажьэ астрономхэм ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ з

15.03.2025 - 09:03

1942 гъэм и гъэмахуэм

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэту хэкIуэдахэм я фэеплъыр - сэшхуэкIэ танкхэмрэ топхэмрэ япэщIэува шууей псэемыблэжыр - Налшык къалэм зэ къыдыхьам и нэгум къыщIонэ.

15.03.2025 - 09:03

ЛIэщIыгъуэм щхьэдэхащ

Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэр.

14.03.2025 - 09:12

ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ухуэныгъэм, коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абы ипкъ иткIи «ПсэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ухуэныгъэхэр» лъэпкъ проектыщIэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ

14.03.2025 - 09:11

Псалъэмакъ щхьэпэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, «Къэрал сы­хьэтым» хыхьэу, яIущIащ Налшык къалэм предмет щхьэхуэхэр нэхъ куууэ щрагъэдж, Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ курыт школ №5-м и 11-нэ классхэм щIэсхэм.