|
ТЕНДЖЫЗ IУФЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI
19 января, 2022 - 06:59
ЩIышылэм и пэщIэдзэхэм ТIуапсы щекIуэкIащ «RUSSIAN SEA CUP» футболымкIэ сабий-ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2009 гъэм къалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Тэрч» командэм и футболист нэхъыщIэхэр.
Зэхьэзэхуэм хиубыдэу Бэлэтокъуэ Мурат и гъэсэнхэм зэIущIиплI драгъэкIуэкIащ Дон Iус Ростов, ТIуапсы, Краснодар, Керчь и командэхэм. Дон Iус Ростов и «Водник»-м 5:0-у, Краснодар и «Легион»-м 4:1-уэ, ТIуапсы и «Эльтон»-м 4:3-уэ ефIэкIащ ди щIалэ цIыкIухэр. Финал зэIущIэм абыхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ зыхэта гупым адрейхэм щатекIуа Керчь и «Авангард»-р. ЗэщхьэщыкIыныгъэ мащIэ иIэу 1:2-уэ кIэух зэIущIэм «Тэрч»-р къыщыхагъэщIащ икIи зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр къахьащ.
Командэ текIуэкIыныгъэм къищынэмыщIауэ, судьяхэм къыхагъэщащ ди щIалэщIэхэм я джэгукIэ дахэри. Зэхьэзэхуэм и гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу къалъытащ Къыз Андемыр. Уэщро Тамерлан гъуащхьауэ нэхъыфI хъуащ. Зэпеуэм щыдагъэкIа топ нэхъ дахэхэм ящыщ хъуащ Краснодар и «Легион»-м и гъуэм ХьэпащIэ Андемыркъан дигъэкIар.
Жыласэ Замир.
|
02.06.2023 - 09:14 «Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр. |
|
02.06.2023 - 09:13 Алтай таурыхъ |
|
01.06.2023 - 15:02 «Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу. |
|
01.06.2023 - 10:01 «Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм. |
|
01.06.2023 - 10:01 Новеллэ
|
|