КЪАЛАЩХЬЭМ И СПОРТСМЕНХЭР ХАГЪАЩIЭ

«Олимп къуажэ-80»-м щекIуэкIащ Мэзкуу къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыщ спортсменхэри. Псори зэхэту ди щIалэхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 8 чемпионатым къыщахьащ.

ПэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа КъуийцIыкIу Ахьмэд килограмм 77-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я кIэух зэIущIэм 5:0-у щыхигъэщIащ мэкуудэс Агабекян Армен.

Иджыри зы дыщэ медаль ди республикэм къыхуихьащ Тен Астемыр. Зи хьэлъагъыр килограмм 97-м нэблагъэхэм я гупым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къыщызыхьа ди щIалэм кIэух зэпэщIэтыныгъэми 2:0-у ефIэкIащ Круглик Даниил.

Килограмм 60-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Къэрэгъул Анзор финал зэIущIэм зымащIэкIэ къыщефIэкIащ Петросян Артур икIи чемпионатым и дыжьын медалыр къихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм домбеякъ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Тау Алим (кг 60), Улаков Рустам (кг 63-рэ), Къер Азэмэт (кг 72-рэ), Псэун Станислав (кг 82-рэ), Шыбзыхъуэ Къантемыр (кг 97-рэ) сымэ.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.