Гулъытэ зыхуащIыну Iуэхухэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и  Iэтащ­хьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек дыгъуасэ ири­гъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м Лэжьыгъэм-рэ цIыхухэр социальнэу хъу­мэнымкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэ­пэ­щы­нымкIэ федеральнэ Iэ­натIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Бабушкин Игорь, федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэ­мы­дэ­хэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIахэр.

ЗэIущIэр теухуауэ ­щы­тащ «Демография» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр зэрагъэ­зэщIэну Iэмалхэмрэ              «КИФЩI-м хыхьэ щIы­на­лъэ­­хэм щыпсэухэм 2024 гъэ пщIондэ я хэхъуэхэр егъэ­фIэ­кIуэным, хуэмы­щIа­хэр нэхъ мащIэ щIыным тещIыхьауэ социально-эко­номикэ зыужьыныгъэр зэгъэхъулIэн» Iуэхумрэ зэре­лэ­жьынум.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ къаIэта Iуэ­хухэм иужьрей илъэсхэм мы­хьэнэшхуэ зэраIэр Къ­э­бэрдей-Балъкъэрми Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэми я дежкIэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ ­УФ-м и Президентым и на­къы­гъэ унафэхэм тегъэ­щIа­пIэ зэрищIар социаль­нэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр къэ­ралым щызэфIэдгъэ­кIы­ныр. Мы зэманым ирихьэлIэу дгъэхьэзыращ лъэпкъ проектым хыхьэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр икIи республикэ бюджетым къыщытлъытащ ахэр ягъэзэщIэным текIуэдэ-нум щIыналъэм хилъхьэну мылъкур, - жиIащ КIуэ­кIуэм. - Зэ­ры­хуэд­гъэфа­щэмкIэ, «Демография» лъэпкъ проектым къы­щыгъэ­лъэгъуахэр гъэзэ­щIэ­ным сом мелард 23-рэ текIуэдэнущ. Шэч хэмылъу, ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ 2024 гъэ пщIондэ ди цIыхухэм я хэхъуэхэр ­едгъэфIэкIуэныр, хуэмы­щIахэр нэхъ мащIэ тщIы­ныр.
КIуэкIуэ Казбек УФ-м лэ­жьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министрым фIыщIэ хуи­щIащ, лъэпкъ проектхэр щагъэзэщIэну щIыналъэ­хэм республикэр хэхуэ­ным­кIэ щIэгъэкъуэн къа­-зэ­рыхуэхъуам папщIэ. «Фы­къыдогъэгугъэ, мы Iуэхум  ехьэлIауэ  ди  зэфIэкI къихь къэдмыгъэнэну. Псом хуэмыдэу гулъытэ хуэтщIын хуейщ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ я улахуэр хэгъэхъуэнымрэ. Абы и лъэныкъуэкIэ IэнатIэ­щIэ­хэр къызэIутхын хуейщ. Апхуэдэуи долэжь республикэм и экономикэм зы­хузэфIэкIхэм я мылъку къы­хедгъэлъхьэным. Си фIэщ мэхъу, ди къару зэхэлъу цIыхухэм я псэу-кIэр нэхъыфI хъуныр зэ­рызэдгъэхъулIэфынур», - дыщIигъуащ КIуэкIуэм.
Топилин Максим теп­сэлъыхьащ «Демография» лъэпкъ проектым и мыхьэнэмрэ абы хыхьэу ягъэзэщIэну къапэщылъ лэжьыгъэмрэ. Министрыр щхьэхуэ-щхьэхуэу къытеувыIащ проектым и унэ­тIыныгъитхуми. Япэр хуэгъэзащ сабий къыщалъхукIэ унагъуэхэм ахъшэ-        кIэ зэрызыщIагъакъуэм, етIуа­нэр теухуащ нэхъыжьхэм зэрадэIэпыкъунум («Старшее поколение» фIэщыгъэр иIэщ), ещанэр - цIыхухэм гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным дезыгъэ­хьэх лэжьыгъэ убзыхуным, еплIанэр - цIыхухэм я ­Iэпкълъэпкъыр япсы­хьы­ным гулъытэ хуащIынращ, етхуа­нэ Iэмалым къызэри­гъэ­пэщын хуейщ сабий зыпI цIыхубзхэр лэжьэ­фыныр. Министрым къыхигъэщащ иужьрей илъэситIыр къапщтэмэ, сабий къалъхум я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъууэ зэрыхуежьами гулъытэ хуэщIын зэ­ры­хуейр.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.