Москва щызэIущIащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ

Дыгъуасэ Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ  УФ-м и Президентым «Урысей Федерацэм 2024 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэм теухуауэ зыхуэплъэхэмрэ къалэн нэхъыщ­хьэхэмрэ я IуэхукIэ» накъыгъэм къыдигъэкIа ука­зыщIэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм респуб­ликэм зэрызыщиужьыну, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ ­проектым щIыналъэр 2019 гъэм зэрыхэтыну щIы­кIэхэм ятеухуа Iуэхухэм.
Гулъытэ хэха хуащIащ республикэм IэщIагъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я материально-техникэ лъабжьэр гъэбыдэным, ар къэгъэщIэрэщIэжыным, апхуэдэуи къуажэхэм дэт курыт еджапIэхэр иджы- рей зэманым къызэригъэувам тету зыхуей-зы­хуэ­фI­хэмкIэ къызэгъэпэщыным.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.