Урысейм и Президент Путин Владимир жиIащ ди деж япэу къыщыкIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм и дахагъэм итхьэкъуауэ зэрыщытар

Путин Владимир еджакIуэхэм я «Зы­гъэп­сэхугъуэ ин» урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтахэу Артек щызэхуэсахэм видеоконференц мардэм тету яIущIащ.

НыбжьыщIэхэм фIэхъус псалъэкIэ защыхуигъазэм къэралым и унафэщIым къыхигъэщащ мы гъэм а гупышхуэм, зэ­къуэ­тым япэ дыдэу етхуанэ, еханэ, еб­ланэ классхэм щIэс цIыкIухэри зэрахыхьар.
«Нобэ Iэмал имыIэу дытеп­сэ­лъыхьынщ фи проектхэмрэ зыIэ­рывгъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ, ауэ, псом япэрауэ, фэри къыв­бгъэдэкIыу сэлам гуапэ ясхыну сыхуейщ «Зыгъэпсэхугъуэ иным» хэтыну мурад зыщIу а хъуэпсапIэм лъэIэса еджа­кIуэ псоми, колледжхэм я студентхэми - ахэр Урысейм щыщ ныбжьыщIэ мелуанитIрэ ны­къуэрэ мэхъу, ди къэ­ралым и щIыпIэ псоми, къалэш­хуэхэмрэ къуажэ мыинхэмрэ къи­кIауэ», - къыхигъэщащ Путин Владимир.
Къэралым и Президентым щхьэ­хуэу фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэм хэтахэм я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, егъэджа­кIуэ­хэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Зэпеуэм щыщ Iыхьэу «Урысейр зэгъэцIыху!» зыфIащам и кIэух Iыхьэм хэта, Налшык къалэм щыщ Кумыщ Сафие жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэу къызэрилъытэр. «Мыбы туризмэм зыщегъэужьын хуейщ. Сэ си ­къа­лэр телъыджэщ икIи ар Урысей псом илъагъун хуейщ!» - къыхигъэщащ пщащэм.
Путин Владимир и гугъу ищIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщы­кIуам ди республикэм и дахагъэм итхьэ­къуауэ зэры­щы­там.
«Япэ дыдэу сыныщыкIуам зы­хэсщIауэ щытахэр сщыгъупщэжакъым. Бгым сы­дэкIуейри зысплъыхьащ: дыгъэр нуру ­къепсырт, уафэр къащхъуэт икIи сегупсысащ: нэхъ пасэу сыту сымылъэгъуарэт мыхэр. Мыпхуэдэ дахагъэр иджы слъа­гъуныр си насып къызэрырихьэкIари сыту фIыт. ИкъукIэ щIыпIэ дахэщ. Республикэ дахэщ. Сэ абы мызэ-мытIэу сыщыIащ. ­Фибгхэм лыжэкIэ сыкъежэхащ. Фи къурш телъыджащэхэм», - жиIащ Урысейм и Президентым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.