КIуэкIуэ Казбек хэтащ «ЛъагапIэщIэ» конкурсым хиубыдэу къызэрагъэпэща «IэщIагъэхэм я жармыкIэ» Iуэхум

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ «ЛъагапIэщIэ» республикэ конкурсым и кIэух Iыхьэм хиубыдэу Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщы­зэ­рагъэпэща, «IэщIагъэхэм я жармыкIэ» Iуэхум.

Зэпеуэм хиубыдэу абы хэтхэр яIущIащ республикэм и школ-интернатхэм ще­джэ­хэмрэ нэхъ хуэмыщIа унагъуэхэм щыщ сабийхэмрэ. Зэпеуэм щIимыдзэ щIыкIэ абы хэтхэм хуаIуэтащ сабийхэм яхуэгъэза къэрал политикэм и мыхьэнэр, унагъуэ­хэр гугъуехьхэм хэмыхуэн папщIэ лэ-­жьыпхъэхэр.
ЩIалэгъуалэм я пащхьэм къыщыпсэ­лъащ УФ-м и Президентым и деж «Сабийхэм ятеухуа илъэсипщI» социальнэ программэр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ зэзыгъэуIу советым хэт, психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Семья Галинэ. Абы зэрыжиIамкIэ, мы Iуэхур хуэунэтIащ щIалэгъуалэр социальнэ къалэнхэр дэгъэкIыным, гугъуехь пыухыкIахэм хэхуа ныбжьыщIэхэм защIэгъэ­къуэным хуэгъэсэным.
Зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэу егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, мэкъумэш хозяйствэм, информатизацэм, шынагъуэншагъэр къы­зэгъэпэщыным, ухуэныгъэм, туризмэм, промышленностым, сатум папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзырхэр.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.