Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм яIуощIэКIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм икIи ахэр зи унафэщI щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуа зи чэзу Iуэхухэм тепсэлъыхьащ. Къэрал властымрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэмрэ къапэщыт къалэнхэм щытепсэлъыхьым, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм гулъытэ хэха хуищIащ узынша-гъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр, зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэфIэгъэкIын, зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм, илъэсищ иримыкъуахэм щыкIэлъыплъхэм, нэхъри зегъэубгъун зэрыхуейм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|