ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жраIащ Ингуш уэрамым ирикIуэу бохъшэ къызэрагъуэтар. 

Абы дэлът Хьэсэней къуажэм щыщ гуэрым и паспортымрэ банк картэхэмрэ. 
Аттоевэр УВДМ-и и лэжьакIуэхэм хъыбар яригъащIэри, участковэхэу Геляев Рашидрэ Ахматов Русланрэ тхылъыр зейр икIэщIыпIэкIэ къагъуэтри, иратыжащ. 
ЩIалэщIэм зэрыжиIамкIэ, зи ныбжь хэкIуэта цIыхухъу гуэрым дэIэпыкъуурэ и псэупIэм нэс игъэIэпхъуэжат, икIи гу лъитакъым и сумкэр зэпытхъыу хьэпшыпхэр къызэрищэщам. 
Абы и тхылъхэмрэ картэхэмрэ къэзыгъуэтыжу Iэрызыгъэхьэжа щIалэхэми, хабзэхъумэхэми, Аттоевэми фIыщIэ яхуищIащ. 
- Гуапэ мыхъуу къанэркъым апхуэдэ ныбжьыщIэ нэбдзэгубдзаплъэхэр, гу къабзэхэр къызэрытщIэхъуэр. Сыхуейт абыхэм еджапIэр къайхъулIэну, насыпыфIэ хъуну. ФIыщIэ лей яхуэфащэщ ахэр зыпIа адэ-анэхэм, - жиIащ абы. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.