ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭРКъэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. ЗэрытраухухамкIэ, школым еджакIуэхэм папщIэ тIысыпIэу мин 1,5-рэ иIэнущ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Егъэджэныгъэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Курыт еджапIэщIэр къатищу зэтетынущ икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 22-рэ ирагъэубыдынущ. Абы хыхьэнущ цIыхухэр куэду щызэхуэс пэшышхуэ, тIысыпIэу 800 иIэу, артистхэм папщIэ пэшхэмрэ хэтыжу – цIыху 750-рэ зыщIэхуэн шхапIэ, спортзалу тIу, тренажёр пэш, IэпщIэлъапщIагъэм еджакIуэхэр щыхуагъасэ кабинет, нэгъуэщIхэри. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|