Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Iуэхур къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ министерствэхэм. Макъамэ театрым кърагъэблэгъат бын унагъуэшхуэхэр, унагъуэщIэхэр - зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытахэр. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азноррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и актрисэ Къуэшокъуэ Регинэрэ.
Ар къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- Нобэ догъэлъапIэ республикэм ис унагъуэ куэд зыхэта зэпеуэм щытекIуахэр. Дауи, унагъуэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу инщ - аращ езыр псом нэхъыщхьэжыр. Аращ цIыху щхьэхуэм и хьэл-щэныр щызэтеувэр, хабзэрэ щэнхабзэрэ щызыхилъхьэр. Унагъуэр гъащIэм и IэфIщ, насыпщ. Ар икIи гуащIэшхуэ зэпхьэлIэ жьэгущ.
Нобэ къэралым икъукIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI, унагъуэхэм ядэIэпыкъуным теухуауэ. Сыту жыпIэмэ аращ социальнэ политикэм и лъабжьэ хъур. Урысейм и Президент Путин Владимир 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу игъэуващ. А Iуэхугъуэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ унагъуэр хъумэным къэралым гулъытэ ин зэрыхуищIым, абыхэм щахъумэ хабзэхэр зэрилъытэм. Нобэ мы утыкум къихьэнущ а хабзэхэм я хъумакIуэхэр: адэшхуэ-анэшхуэхэр, адэ-анэ гумащIэхэр, быныфIэхэр. Сынывохъуэхъу, унагъуэ хъугъуэфIыгъуэхэр нэхъри вгъэбагъуэрэ фызэгурыIуэу фыпсэуну, бын гъэсахэр къыфщIэхъуэну, ахэр насыпыфIэу флъагъуну! НэхъыфIу къалъытахэр иджы фыхэтынущ зэпеуэшхуэм и урысей Iыхьэм. Догугъэ абдежми ехъулIэныгъэ щывиIэну. Сыхуейщ ди къэралышхуэм и дэтхэнэ унагъуэми гуапагъэ, лъагъуныгъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэ илъыну, - жиIащ Егоровэм.
Пшыхьым кърагъэблэгъа унагъуэ дахэхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат.
- Унагъуэ дахэхэм си гуапэу сынывохъуэхъу республикэ унафэщIхэми сэри къыдбгъэдэкIыу. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм екIуу къыщызэIуихащ къэралым и Президентым унагъуэм ейуэ игъэува илъэсыр. ЦIыху щхьэхуэми жылагъуэми я дежкIэ абы иIэ мыхьэнэр зэрыгъунэншэр къыхагъэщащ. Дэтхэнэми къыдгуроIуэ Хэкур унагъуэм къызэрыщежьэр. ГъащIэм нэхъыщхьэ дыдэу зыщыхуеину щэнхэр цIыхум абы къыщыхалъхьэ дунейм къыщытехьа махуэм щегъэжьауэ. Нобэ пшыхьым къытхуеблэгъа унагъуэ дахэхэр тыгъэхэмкIэ дгъэпэжэным къищынэмыщIа, республикэм щапхъэу щыдгъэлъэгъуэнущ. Тхьэм псоми я жьэгум хуабагъэрэ гулъытэрэ къыдилъхьэ! - хъуэхъуащ Хъубийр.
КъБР-м и бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэхэм и цIыхубз унафэщI Къаскъул Аулият пшыхьым хэтхэм гуапэу захуигъэзащ.
- Унагъуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъыми, нобэрей махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу! Сохъуахъуэ ди республикэм щыIэ унагъуэхэр быдэ, быныфIэ, зэгурыIуэ зэрылъ, нэхъыжьыфIхэр зыгъэлъапIэ, щIэблэфI къызыщIэхъуэхъуну. ФIыщIэ яхузощI нобэ дгъэлъапIэхэм, зэгурыIуэм и щапхъэу зыкъызэрагъэлъэгъуэфам папщIэ, - жиIащ абы.
- 2024 гъэр Урысейм щагъэуващ Унагъуэм и илъэсу - ар куэд и уасэщ. Нобэ къедгъэблэгъахэм яхэтщ жьыщхьэ махуэ хъуа нэхъыжьыфIхэри, сыхуейщ узыншагъэ яIэну сехъуэхъуну. НэхъыщIэхэм абыхэм щапхъэ трахмэ, унагъуэ фIыгъуэри хъума хъунущ. ИпэжыпIэкIэ къэралым щIэдзапIэ хуэхъур унагъуэ узыншэхэрщ, - жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.
- Унагъуэр псом ящхьэщ, абдеж къыщожьэ хьэл-щэн дахэхэр, хабзэ-нэмысыр, насыпыр, - къыхигъэщащ КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт.
Пшыхьым кърагъэблэгъахэм ехъуэхъуащ министрхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
Унагъуэ нэхъыфIхэр зэпеуэм къыщыхахащ лъэныкъуитхукIэ: «Бын куэд зиIэ унагъуэ» («Многодетная семья»), «УнагъуэфI» («Золотая семья»), «Хабзэхэр щахъумэ унагъуэ» («Семья - хранитель традиций»), «УнагъуэщIэ» («Молодая семья»), «Къуажэдэс унагъуэ» («Сельская семья»).
Бын куэд зиIэ унагъуэхэм я зэпеуэм щытекIуащ Тхьэгъэлэджхэ Артуррэ Залинэрэ яйр. ЕтIуанэр хуагъэфэщащ КъуэщIысокъуэхэ Алимрэ Оксанэрэ я унагъуэм. Ещанэр - Шэрджэсхэ Суфьянрэ Ларисэрэ яйрщ.
«УнагъуэфI» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщахьащ ЦIыпIынэхэ Викторрэ Тамарэрэ я унагъуэ дахэм. Iэщыжхэ Владимиррэ Тамарэрэ яйр етIуанэщ. Къардэнхэ Анатолийрэ Муслъимэтрэ я унагъуэр ещанэ хъуащ.
«Хабзэхэр щахъумэ унагъуэ» Iыхьэм бжьыпэр щаубыдащ Махъсидэхэ Русланрэ Чамсирэтрэ я унагъуэм. ЕтIуанэр къахьащ Курасовхэ Иванрэ Каринэрэ яйм. Куфановхэ Хъызыррэ Ритэрэ ещанэщ.
«УнагъуэщIэ» нэхъыфI хъуащ Сухнёвхэ Ростиславрэ Ольгэрэ. Къаскъулхэ Аскэррэ Iэминатрэ етIуанэщ. Нафоновхэ Нурхьэлийрэ ШэIимэтрэ я унагъуэр ещанэщ.
«Къуажэдэс унагъуэ» нэхъыфIу къалъытащ Ахъмэтхэ Алимрэ Зейнэфрэ яйр. А Iыхьэм етIуанэ увыпIэр къыщахьащ БжэныкIэхэ Расулрэ Зулетэрэ. Къуэныкъуейхэ Аскеррэ Залинэрэ я унагъуэр ещанэщ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ пажэхэм.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.