Тхылъыр IункIыбзэIух телъыджэщ

НыбжьыщIэхэр тхылъ еджэным дегъэхьэхыным хуэунэтIа «Еджэ­ным елIалIэр и лъэпкъым и къэ­кIуэнум иропIейтей» программэм ипкъ иткIэ, хабзэ хъуауэ, ди щIыналъэм гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ «Ди псалъэм къыпэджэжынур» ­литературэ зэпеуэр, «Лъэпкъ, тхыдэ, псэкупсэ гъэсэныгъэхэм лите­ра­турэм щиубыд увыпIэр» проектыр. А Iуэхугъуэхэм я жэрдэм­щIа­кIуэр «Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэращ» (уна­фэщIыр Шинкарёвэ Натальещ). Ахэр даIыгъащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ и министерствэмрэ.
Илъэсым и пэщIэдзэм траухуауэ щыта а Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэ­кIыфащ, коронавирус уз зэрыцIалэр ди щIыпIэм къэмыс щIыкIэ. Абыхэм къарикIуахэм хэплъэжынуи хунэса-ми, зэпеуэхэм хэтахэр ягъэпэжэну иджыщ Iэмал къыщыкъуэкIар. Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуа-пIэм илъэси 10 лъандэрэ Iэтауэ щы­зэхашэу щыта гуфIэгъуэ зэIущIэр ­мы махуэхэм къыщызэрагъэпэщащ ­къалащхьэм и курыт школ №27-м и актовэ пэшым.
- Мыгъэрей зэхьэзэхуэхэр тедухуат 2020 илъэсым зи юбилейхэр хиубыдэ лъэпкъ усакIуэхэу КIуащ БетIал, Iу- т­Iыж Борис, Гуртуев Берт, Кулиев Хьэжмусэ, - жиIащ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэ Шинкарёвэ Наталье. - ­Зэпеуэхэм ныбжьыщIэ куэд хэтащ, ди гуапэ зэрыхъунщи.
Зэпеуэр унэтIыныгъитIу зэщхьэ­щыхауэ къызэрагъэпэщат. «Художественнэ псалъэ» Iыхьэм сабийхэр усакIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм къеджащ. «Литературэ зэдзэкIыныгъэм» дихьэх еджакIуэ-хэр а лэжьыгъэ хьэлэмэтым я зэфIэ­кIым щеплъыжащ. НыбжьыщIэхэм зэпеуэм хуагъэхьэзыра лэжьыгъэм хэплъэжа къэпщытакIуэ гупым абы­хэм къахихыфащ фIым я фIыж лэ­жьыгъэхэр. Ахэр куэд хъурт, ауэ ­дэтхэнэри гулъытэ зыхуэщIыпхъэт.
Зи лэжьыгъэхэр нэхъыфIу къалъыта ныбжьыщIэхэм хуагъэфэща щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щратыжащ курыт школым. Пшыхьыр игъэдэхащ Iуэхум къыхузэрагъэпэща концертым.

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.