ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь. Ар къызэрагъэпэщащ «КПРФ» политикэ партымрэ «Зауэм и бынхэр» («Дети войны») урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я щIыналъэ къудамэхэм. Зи сабиигъуэр зауэ зэманым хиубыда налшыкдэс 23-м иратащ «Зауэм и бынхэр» медалхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ.

«КПРФ»-м и республикэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис жиIащ зауэм хэтахэм, зи сабиигъуэр абы хиубыдахэм псом хуэмыдэу гулъытэ яхуэтщIын зэрыхуейр.

- Зауэр зи нэгу щIэкIахэм ящыщу диIэжыр нэхъри мащIэ мэхъу. Зи сабиигъуэр 1941 - 1945 гъэхэм хиубыдахэращ зауэ хъыбархэмрэ гукъэкIыжхэмкIэ къытхуэзыIуэтэну къытхуэнар. Нобэ ахэр къедгъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр щIэблэм я деж зэрынахьэсым папщIэ фIыщIэ яхуэтщIу, - жиIащ абы.

Къэпсэлъар щхьэхуэу къытеувыIащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм гуапагъэ зыпылъ Iуэху куэд къызэрызэригъэпэщым, зауэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIым.

Зауэм и бынхэр нэхъыжьхэм дагъэлъэпIащ Iуэхум пионерхэм я зэгухьэныгъэу Налшык къалэм щыIэм хэтхэм. Абыхэм жаIащ зауэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ.  

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.09.2026 - 09:03

Гугъуехьхэм къагъэдзыхакъым

Лъахэм къытепсыха гуауэм ­игъэхыщIат къэралышхуэм и цIыхухэр. Нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэр къежьат ди Хэкур зыIэрагъэхьэу, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу.

16.09.2026 - 09:03

Куэд къызэщIаубыдэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Бахъсэн къалэ округым.

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.