ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен лъэщу 100-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм зэфIэкIыфIхэр зэраIэр зэхьэзэхуэм щагъэлъэгъуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, метр 70-кIэ пэжыжьэ нэщэнэм еуэнымкIэ ныбжьыщIэхэм я деж Кулюшинэ Янэ дыжьын медалыр къыщихьащ.

Балигъхэм я чемпионатым командэм и щIыхьыр яхъумэу хэта Кулюшинэ Янэрэ ДыщэкI Рустамрэ ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ. Метр 60-кIэ пэжыжьэ нэщанэм еуэнымкIэ гуп зэпеуэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ ДыщэкI Рустамрэ Стрельниковэ Аннэрэ, къитащ иджыблагъэ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым.

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.