ПСОРИ И ЧЭЗУМ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэ­кIа ЩIыналъэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и президиумым и зэхуэсым.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм, 2023 - 2025 гъэхэм ­къриубыдэу и кIэм нагъэсын хуей лэжьыгъэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэ лэжьыгъэшхуэ социальнэ лъэныкъуэм щызэфIахыну я мурадщ. Республикэм щаухуэнущ школ 17, Налшык и япэ поликлиникэм унэщIэ хуащIынущ, лышх зэузхэм я диспансер, творческэ щIалэгъуалэм я уардэунэ, сабий IыгъыпIэхэр, амбулаторэу 9, щэнхабзэм и унэхэр, спорт ухуэ­ныгъэхэр щIэуэ къызэIуахынущ, егъэджэныгъэм епха унэ 40 зэрахьэнущ, поликлиникэ къудами 8 зыхуей хуагъэзэнущ. АдэкIи пащэнущ гъуэгухэр, унэхэр, коммунальнэ инфраструктурэр зэгъэпэщын Iуэхум, унэ зэ­тетхэм я пщIантIэхэр, цIыху зэхэзе­кIуапIэхэр ягъэщIэрэщIэнущ. Псори зэхэту объекти 147-рэ зэ­Iузэпэщ ящIыну къалэн зыщащIыжащ.
«КъухьэпIэм и санкцэхэм я зэранкIэ экономикэ щытыкIэр зэ­ры­мыщIагъуэм щхьэкIэ къэмынэу, проект псори здынэсыпхъэм тхунэгъэсынущ. УФ-м и Правительствэм Iэмал псори къегъэсэбэп мы­хьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр и чэзум иухыным. Пре­зидентым ди пащхьэ къригъэува къалэн псори дгъэзэщIэнущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ лэжьыгъэхэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм, ахэр къыхуагъэува пIалъэм зэрыкIэлъысым кIэлъыплъы­-ну.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммуналь­нэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алимрэ КъБР-м транспортымрэ ­гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.