УЭСМЭН СУЛЪТIАНХЭМ КЪАЩIЭНА ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭР

Истамбыл и тхыдэ центрым щIыгъуу, Топкапы уардэунэ-музейр нобэ хабжэ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм я фэеплъу къалъытахэм икIи ЮНЕСКО-м ехъумэ. Тыркум и музей цIэрыIуэм илъэсым къриубыдэу цIыху мелуанрэ ныкъуэм щIигъум зыщаплъыхь.
1453 гъэм накъыгъэм и 29-м Европэмрэ Азиемрэ я псэукIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ. Тырку сулътIан Мехмед II-р шы хужьым тесу, мазэ ныкъуэрэ вагъуэрэ зытет нып плъыжьыр иIыгъыу дыхьащ къизэуа Константинополь. Абы и унафэм щIэт зауэлIхэм ар «Фатих!» жаIэурэ ирагъэблэгъащ.
Щихъ Роман и куэбжэм деж щыщIидзэри, уэрам нэхъыщхьэм ирикIуэурэ, щихъ Софие и члисэм нэсри, абы щIыхьащ. Дуней псом щыцIэрыIуэ ухуэныгъэм зыщиплъыхьа нэужь, мэрем къэблагъэм ар шэджагъуэ нэмэзым хуагъэхьэзырыну унафэ ищIащ. Апхуэдэу гурыIуэгъуэ хъуащ Византием и къалащхьэ яубыдар зыгъэбжьыфIэ Айя-Софие члисэр и мэджыт нэхъыщхьэ зэрыхъунур.
КъэралыгъуэщIэм и уардэунэ хъунур нэхъ зэIумыбзт. Софие мэжджытым къыдэкIыжри, Мехмед византий пасэрей уардэунэм зыщиплъыхьыну кIуащ. Ухуэныгъэр зэхэщэщэжат. Зэманым, щIы хъейм, зауэм, мафIэсым къелатэкъым ар…
Константинополь и адрей пащтыхь хэщIапIэри, иужьрей Палеологхэм я уардэунэри, тырку лъэхъэнэм Текфур-Сарай цIэр зезыхьэ хъуар, щIыпIэ нэхъ пхыдзам, къалэ блыным пэгъунэгъу Влахернах щIыналъэм щыIэт икIи тыркухэм щыпэщIэтым зэхакъутат. Ари пащтыхьым и уардэунэ хъунутэкъым.
Мехмед II-м мурад ищIащ Мрамор тенджызымрэ Дыщэ Рог псы дэлъэдапIэмрэ я зэхуакум щиухуэну. Зэгуэр абдеж Византий щытат пасэрей къалэм и акрополыр (быдапIэ къэхухьар). Къэралыгъуэм и тетым и уардэунэр апхуэдэу къалащхьэм и кум аргуэру ягъэIэпхъуащ.
Константинополь къизэуа нэужь, бийхэр къытеуэнкIэ шынагъуэ щыIэти, сулътIаным и хэщIапIэм и куэбжэм пушкэ тригъэувэну унафэ ищIащ. Аращ къалэм и куэбжэхэм Топкапы (Пушкэ куэбжэ) цIэр щIыфIащыжари. ИужькIэ абы Сарай-Бурну цIэр игъуэтащ. СулътIаным и хэщIапIэщIэр Топкапы-Сарай хъужащ.
Уардэунэм къалэкум щыщ гектар 27-рэ кърагъэубыдащ (Москва и Кремлым хуэдиз хъур). Ухуэныгъэр щрагъэжьащ I466 гъэм. ЯпэщIыкIэ Мехмед Фатих и зыгъэпсэхупIэ яухуащ, щIыпIэр пщIантIэ-пщIантIэу зэпызыуд блынхэр дэту. КъыкIэлъыкIуэ сулътIанхэм а ухуэныгъэхэм иджыри къыхагъахъуэурэ екIуэкIащ. Аращ, Европэм зэрыщыхабзэм хуэдэу, Топкапы зы ухуэныгъэу щIыщымытыр. Абы хохьэ лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм яухуа пщIантIэхэр, жыг хадэхэр, галереехэр, зыгъэпсэхупIэхэр.
XIX-нэ лIэщIыгъуэм пасэрей ухуэныгъэхэр зэманым къемызэгъыжу къалъытащ. I853 гъэм уэсмэн сулътIан 3I-нэ Абдул-Меджид I-м и унафэкIэ, Бешикташ щIыпIэм, Босфорым и Iуфэм деж, къухьэпIэм и хабзэхэм тету, иджырей уардэунэ щаухуащ, Долмабахче-Сарай цIэр зыфIащар. I854 гъэм сулътIаныр абы Iэпхъуащ.
Ар I856 гъэм къызэIуахат, Кърым зауэр зэриухар щагъэлъапIэм ирихьэлIэу. Топкапы сулътIанхэм щабгынэм, абы Эски-Сарай пасэрей уардэунэкIэ е Нэпсхэм я уардэунэкIэ еджэ хъуащ. Иджы ар зи псэупIэр трагъэкIа е яукIа сулътIанхэм я анэхэр, щхьэгъусэхэр, бынхэрт, абыхэм я деж къулыкъу щызыщIэхэр ящIыгъуу. СулътIаным и хэщIапIэм и жыг хадэхэм цIыхухэм зыщаплъыхьу щытащ. Дауи, ухуэныгъэхэр жьы хъуат, ауэ хабзэ яхуэхъуауэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр, сулътIаныщIэр щытеувэкIэ е дунейм щехыжкIэ Топкапы щрагъэкIуэкIырт.
XIX-нэ лIэщIыгъуэм икухэм япэу ирагъэжьащ Тыркум и Топкапы уардэунэм музей пэлъытэу цIыхубэм зыщаплъыхьын. Абы папщIэ уиIэн хуейт пщIантIэм, хадэм зыщуплъыхьыну хуит узыщI лъэIу тхылъ, Iэ къытрадзауэ.
I923 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м Тыркур республикэ хъуащ. Илъэс 400-м щIигъукIэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и хэщIапIэу къекIуэкIа Топкапы, Тыркум и япэ президент Кемаль Мустэфа и унафэкIэ, сулътIаным и нэгъуэщI хэщIапIэ куэдми хуэдэу, музейуэ къалъытащ, ауэ нобэр къыздэсым а ухуэныгъэ иным щыщ гуэрхэр зыплъхьакIуэхэм я дежкIэ зэхуэщIащ.
Топкапы музей ящIын папщIэ реставраторхэр илъэс куэдкIэ абы щылэжьащ. Уэсмэн сулътIаным къыщIэна гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэ уасэншэхэмкIэ, хьэпшып телъыджэхэмкIэ, пщIантIэшхуэм дэт ухуэныгъэхэмкIэ гъэнщIащ а унэр.
Музейм щахъумэ хьэпшыпхэм зэпымыууэ къыхагъахъуэ икIи ахэр дунейпсо выставкэхэмрэ проектхэмрэ щагъэлъагъуэ. 20I0 гъэм Москва Кремлым и музейхэм щIэупщIэшхуэ иIэу щагъэлъэгъуащ Топкапы ираша «Уэсмэн сулътIанхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» выставкэр.
Языныкъуэ къэхутакIуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, тыркум сулътIаным и хэщIапIэр, метр 20 зи лъагагъ куэбжэшхуэр зыхэлъыр, щхьэусыгъуэ хуэхъуащ Европэм и лIыкIуэхэм Тырку къэралыгъуэр Уардэунэу къалъытэным. Куэбжэхэм тет тхыгъэхэр щыхьэт тохъуэ I478 гъэм унэхэр зэраухуам икIи япэщIыкIэ къатитIу зэтету зэрыщытам.
Тырку IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр византий ухуакIуэхэм ящIахэм зыкIи къыкIэрыхуркъым – чэщанэхэм я бгъуагъымрэ я лъагагъымрэ, абыхэм я зэхуаку дэлъ метр бжыгъэр зэтохуэ. Пэжщ, XV-нэ лIэщIыгъуэм ящIа ухуэныгъэм и быдагъыр къапщытэну хунэсакъым, Истамбыл абы лъандэрэ бий къытеуакъым: сулътIаным и блыгущIэтхэмрэ нэгъуэщI къэралхэм я лIыкIуэхэмрэ блыным и лъагагъым игъэшынэрт.
Нобэ Топкапы и иныгъыр метр зэбгъузэнатIэ мин 700-м щIегъу. Абы зыплъыхьакIуэ кIуэхэм зыщагъэпсэху сулътIан Ахмед III-м иригъэщIауэ щыта псыутхым деж, щихъ Софиерэ Иринэрэ я члисэхэм, жыг хадэхэм зыщаплъыхь. Абы щахъумэ муслъымэнхэм я лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу къалъытэ Мухьэмэд бегъымбарым къыщIэна сэшхуэрэ фэилъхьэгъуэрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.