НОБИ ЯХУЗЭХЭГЪЭКIКЪЫМ

Зеикъуэ къуажэм пэгъунэгъу лъагапIэхэм къыщагъуэта бгъуэнщIагъ нэхъ иным къыбгъэдэт Iуащхьэхэм ящыщ зыр пирамидэ IэрыщIым зэрещхьым гу лъатауэ щытащ а жылэм щыщ щIалэхэм. Ахэр Тенджыз Азэмэт, Соблырхэ Арсен, Алим сымэщ.
А щым къыздакIухьым, гу лъатат Бахъсэн хэхуэж Зеикъуэпс цIыкIуу мэз Iувым щIигъэнар къыщыщIидзэхэм деж пэгъунэгъуу щыт Iуащхьэм и къыгуэупIэхэр хуомыгъэфэщэн хуэдизу зэрыджафэм. Ар мывэ пхъэбгъум хуэдэу зэрызахуэр нэхъри нэрылъагъу хъуащ, абыхэм якIэрыпщIа щIыр къыкIэрагъэщэща иужь.
Ныбжьэгъухэм щIыпIэр щызэпаплъыхьым, захуабзэу зэхуэгъэкIуауэ зыр адрейм и гущIыIу тегъэщIауэ зэтелъ «мывэ пхъэбгъухэр» къалъэгъуащ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, ахэр зэрагъэубыдын папщIэ, абыхэм я зэхуаку ятIагъуэ теплъэ иIэу, ткIуаткIуэ гуэр дацIэлъауэ зэрыщытами гу лъыботэ. Нэбдзэгубдзаплъэ дыдэу Iуащхьэ щыгур зэпэпплъыхьмэ, тращIыхьауэ къыпщыхъу теувапIэри абы хуэзышэж дэкIуеипIэри уи нэгу къыщIоувэ.
Къуажэдэс щIалэхэм гу зылъатахэм теухуауэ я Iуэху еплъыкIэр къаIуатэ Зеикъуэпс цIыкIум ищхьэхэмкIэ дэкIа лъахэдж цIэрыIуэхэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ.
- ЛъэныкъуиплIымкIэ зыкъыхущIэзыIэтэ джабэхэр Iуащхьэ щыгум щызэхохьэж, - жаIэр абыхэм. – Бгым пирамидэ теплъэ нэхъри ирет ар зэрызэхэт туф блокхэми. Зэ еплъыгъуэкIэ ахэр цIыхуIэм зэпиупщIа фIэкIа къызэрыпщыхъун щыIэкъым, я зэпыхьэпIэхэр апхуэдизкIэ джафэщ езыхэри захуабзэу зэтелъщи.
АтIэ, мы лъагапIэм и къэунэхукIэм теухуауэ сытым дыщыгъуазэ? А упщIэм и жэуапыр иджыри хьэзыркъым. Туфыр, зэгуэр къибыргъукIыу щыта Iуащхьэжьхэм (мафIэбгхэм) я гъунэгъу бгылъэ щIыпIэхэм куэду узыщрихьэлIэ пкъыгъуэщ. Ди республикэм абы нэхъыбэ дыдэу узыщрихьэлIэр Хьэрэ-Кхъуэрэ бгым и Iэгъуэблагъэрщ.
Совет лъэхъэнэм ди къэралым щыпсэуа геолог цIэрыIуэ Ренгартен Владимир гу лъитауэ щытащ: «ЗэпцIауэ, зэфэзэщу къыпщыхъу туф абрагъуэм зыкIи зэпымыщIа Iыхьэхэр яхэтщ, - жиIэрт абы. – Апхуэдэ теплъэ зиIэ зэщхьэщыупщIыкIа пкъыгъуэхэр щыкуэдщ Зеикъуэрэ Бахъсэнгэсрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэми…».
Геологхэм къызэралъытэмкIэ, пщтырыбзэу Iуащхьэм къибыргъукI вулкан сахуэр щIэупщIыIуэжауэ щызэпцIыжкIэ зэгуочри, езы туфым Iыхьэ-Iыхьэурэ (блок-блоккIэ) зэщхьэщыуда теплъэ иIэ мэхъу. Дапхуэдэу щытми, зи гугъу тщIы Iуащхьэм мы зэманым иIэ хъуа теплъэр цIыхухэм я Iэужьми зыми емыупщIыж щIыуэпсым къигъэщIами IупщI къэзыщIынур абы теухуауэ ирагъэкIуэкIыну къэхутэныгъэхэрщ.
ЦIыхухэм яфIэтелъыджэ щIыпIэхэр щыбащэ Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ зы иджыри иIэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым. Нэхъри ар пэгъунэгъущ илъэс бжыгъэ хъуауэ щIэныгъэрылажьэхэми щIыпIаплъэ къызэрыгуэкIхэми къызэрагъэпэщ гупхэм увыIэгъуэ ямыIэу зэпаплъыхь, метр 80-кIэ щIы кIуэцIым ущIэзышэ бгъуэнщIагъым. Ари ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Iуащхьэри зи IэдакъэщIэкIыр, хэтми-сытми, ди нобэми зэхэгъэкIа хъуакъым.

ЛУЦЭ СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.