КХЪУАФЭЖЬЕЙ

ЛIы гуэрым лэжьакIуэ къриджат, и кхъуафэжьейр иригъэлэну. ЛэжьакIуэм кхъуафэжьейр щилэм щыгъуэ гу лъитащ, абы и лъабжьэм гъуанэ зэриIэм икIи ари игъэбыдэжащ. И Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуэ пщIэр къратри, и унэм екIуэлIэжащ. ЕтIуанэ махуэм абы и деж къэкIуащ кхъуафэжьейр зейр. «Си кхъуафэжьейр зэрыпщIыжам и уасэр сIых», - жери ахъшэ къыхуеший.

- Сыт щхьэкIэ, - жи – мыдрейм, сэ си лэжьыгъэм къыпэкIуэ псори дыгъуасэ къызэптагъэххэщ.

- Дыгъуасэ уэстар лапщIэщ, мыр щIыжыпщIэщ, - жиIащ лIым.

- Хьэуэ, дакъикъэ бжыгъэщ абы тезгъэкIуэдар. Гу лъыстати, сщIыжащ, ахъумэ ахъшэ къризлэжьыну зезгъэлIэлIауэ аракъым.

- А дакъикъэ бжыгъэ жыхуэпIэм си быныр къригъэлащ, - жиIащ кхъуафэжьейр зейм. – Сэ а гъуанэр зэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжат. Унэм секIуэлIэжауэщ щIыIэ-щIыIэу сигу къыщыкIыжар. Абы щыгъуэ цIыкIухэр кхъуафэжьейм итIысхьэри, хым техьакIэт. Абыхэм лажьэншэу къагъэзэжа нэужь къызгурыIуащ, кхъухьым гъуанэ зэримыIэжыр. Си быныр къезыгъэлар уэращ, – къитащ жэуап.

Гуэдз къэп

Къуажэ гуэрым нэхъ къулейуэ дэсым зэгуэрым лIы мэжэщIалIитI къыхуэкIуащ лъэIуакIуэ. Къулейр псэ хьэлэл гуэрти, тIуми гуэдз къэп зырыз яритащ.

Зыр кIуэжри, гуэдз къэпыр тIу ирищIыкIащ: ишхыну зрикъун къигъанэри, адрейр и хадэм хисащ. Бжьыхьэм гуэдзу кърихьэлIэжам иджыри зы илъэскIэ ирикъунут, икIи къыдэхуэжынут. Арати, лIым мурад ищIащ гуэдз къэп къызыIриха къулейм хуишэжыну.  АрщхьэкIэ къулейм Iихыжакъым:

- Сэ уэстауэ щыта гуэдзыр уэ уиIэжкъым. Иджы уиIэр уэ езым къепхьэлIэжарщ. Ауэ щыхъукIэ, сэ уэ гуэдз къыпIысхыжынкъым, фIыщIэ къысхуэпщIыну ухуеймэ, уэри хуэныкъуэ гуэрым сэбэп хуэхъу, - жиIэри.

ЕтIуанэ лIым гуэдз къэпыр гъэ псом игъавэурэ ишхащ. ЩIымахуэр къыщихьэм, ишхын къэнэжатэкъыми, аргуэру къулейм деж кIуащ, иджыри зы гуэдз къэп щIэлъэIуу. АрщхьэкIэ къулейр лIы Iущти, къелIэлIакъым.

- Сыт уи гугъар? ИгъащIэкIэ сэ узгъэшхэну укъысщыгугъауэ ара? Хьэуэ-тIэ! Зи хадэм гуэдз жылэ хэзысэу къэзыгъэкIа уи гъунэгъум щапхъэ щхьэ тумыхарэ? Уэ щхьэхынагъэр зытебгъэкIуащ. Ухуеймэ, уи гъунэгъум елъэIу, гъэтIылъыгъэ къыхуэнащи. Си гугъэщ и гуапэу къыбдэгуэшэну. Ауэ аргуэру ущымыуэ - умыщхьэх! – къыжриIэри къыIуигъэкIыжащ.

 

Гуащэ зэрыхъахэр

Илъэс 60-кIэ зэдэпсэуат зэщхьэгъусэхэр. Бзылъхугъэм зы щэху иIэт: шкафыщхьэм тетт пхъуантэ цIыкIу, лIыжьым зэи имылъэгъуауэ. Бзылъхугъэр жьы хъуат, сымаджэу пIэм хэгъуэлъхьати, и щэхумкIэ щхьэгъусэм дэгуэшэну мурад ищIащ. ПхъуантIэ цIыкIур къригъэхьрэ къызэтрихмэ, езым зэрихъа гуащэ цIыкIуитIрэ ахъшэ зэрыIыгърэ дэлът.

- Мыр сыт? – щIоупщIэ лIыжьыр.

- СыщыбдэкIуэм щыгъуэ си анэшхуэм зы чэнджэщ къызитат: «Уи щхьэгъусэм ухуэгубжьын хуей хъумэ, уфIэмынэ икIи уемыдауэ, лъэныкъуэ зегъэзи, зы гуащэ уи IэкIэ зэрыхъэ», - жиIэри.

ЛIыжьым и гуапэ хъуат пхъуантэм гуащитI фIэкIа зэрыдэмылъыр.

- Пхъуантэм дэлъ ахъшэр дэнэ къипха атIэ, ди унагъуэ ахъшэм зэи ухэIэбауэ сщIэжыркъым? - жиIэуи щIэупщIащ.

- Ахэр гуащэу зэрысхъэхэр сщэурэ зэхуэсхьэсащ, - къыжриIащ бзылъхугъэм.

Шыдымрэ псыкъуиймрэ

ЛIы гуэрым и шыдыр псыкъуийм ехуэхат. ЛIым ар къыщыхуимыхыжым, мурад ищIащ къримыгъэлыну: шыдыр жьы хъуати, щIагъуэу къыхуэмысэбэпыжыну къилъытащ. Псыкъуийри куэд щIауэ игъуэжати, итхъуэжын хуейт. ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, и Iуэхур зэфIихыну иужь ихьащ – шыдым щIыр тритхъуэжынути зэфIэкIат. Псоми белыр къызэдащтэу щIыр щрадзыхым, шыдыр гужьеящ, кIиящ. Ауэ тэлай дэкIри, щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: щIыуэ ирадзыхыр зытригъэщэщыжым, теувэм зэхиубэурэ ищхьэм къыдэкIуеижырт шыдыр. Къыщысым, ар псыкъуийм къилъыжри, щIэпхъуэжащ.

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.10.2024 - 09:03

ЩIалэхэр нэхъыбэщ

МЕЙКЪУАПЭ. ФокIадэм Адыгейм и къалащхьэм къыщалъхуащ сабий 259-рэ: 140-р щIалэ цIыкIуу, 119-р хъы­джэбз цIыкIуу. Абыхэм зэтIолъхуэныкъуэу 5 къахэкIащ.
 

10.10.2024 - 09:03

Еджэныр япэщ, спортыр итIанэщ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхэквондом зыщыхуезыгъасэу щыIэ ди щIалэр къэсшэжыну сыкIуауэ, топджэгу губгъуэмкIэ занщIэу сунэтIат, сабий джэгухэм сахэплъэну.

10.10.2024 - 09:03

Эриду и къежьапIэр

ЕтIуанэ Iыхьэ.

09.10.2024 - 12:25

ШэхэкIхэм я фIагъыр

ЧЕРКЕССК.

09.10.2024 - 09:03

Бэкъанрэ Ныбэджейрэ - Натхъуэдж хэгъэгут

«АтIэкIум» цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджей (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщ­хьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэ­лъэ