|
ЗЭПЫЩIЭНЫГЪЭХЭР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ
7 декабря, 2022 - 06:03
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым иджыблагъэ щыхьэщIащ Абхъаз къэрал университетымрэ Абхъаз-адыгэ филологиемкIэ центру Анкваб Владимир и цIэр зезыхьэмрэ я лэжьакIуэхэр. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр къагъэщIэрэщIэжын, зрагъэужьын икIи зрагъэубгъун щхьэусыгъуэкIэ къэкIуа къущхьэщIыб абазэхэм къыхагъэщащ лъэпкъитIым я зэхуаку дэлъ политикэ икIи жылагъуэ-экономикэ зэхущытыкIэхэм къищынэмыщIауэ, щэнхабзэ икIи щIэныгъэ зэпхыныгъэхэм зэрыхуэныкъуэр, зым иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм адрей лъэныкъуэр хэмытмэ, ар щыз зэрымыхъур.
Абхъазым къикIа гупым хэтащ Абхъаз къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэгуш БэтIал, Абхъаз-адыгэ филологие центрым и унафэщI Анкваб Ахърэ, абхъазыбзэмрэ абхъаз литературэмрэ хуеджэ студентхэр.
ХьэщIэхэм Адыгэ щэнхабзэ центрыр зэрылажьэ щIыкIэм зыщагъэгъуэзащ, абы къызэригъэпэщ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ икIи щэнхабзэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми нэIуасэ зыхуащIащ, апхуэдэу абдеж щекIуэкI гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ. Центрым и унафэщI, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент Езауэ Мадинэ къызэрыхигъэщамкIэ, иджырей щIалэгъуалэм лъэпкъ Iуэхур яфIэфIщ, КъБКъУ-м къызэригъэпэщ пэхуэщIэхэм (проектхэм) жыджэру хохьэ. «Дэ къыдэкIуалIэр адыгэбзэм хуеджэну гукъыдэж ищIу университетым къыщIэтIысхьахэм я закъуэкъым. Центрым и лэжьыгъэм жану хэтщ университетым и къудамэ псоми щIэс щIалэгъуалэр. КъэфэкIэ зыщIэхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэр, уэрэд жызыIэхэр мащIэкъым. Сыт хуэдэ IэщIагъэ зрамыгъэгъуэтми, псори къызыхэкIар зы лъэпкъщ, зыхуэлэжьэнури зы жылэщи, зэрытхузэфIэкIкIэ лъэпкъым и дахагъ псори ябгъэдэтлъхьэну, гу зылъамыта Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм щыдгъэгъуэзэну дыхэтщ. ЩIалэгъуалэр езыхэр лъыхъуакIуэщ я дуней тетыкIэкIэ, зэпымычу зыхэт гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ къызэрыхэщыным хущIокъу. Центрым ныбжьыщIэхэр иунэтIынуи къалэн зыщещIыж. Я щIэныгъэм хегъахъуэ, зэIущIэхэр яхузэхешэ, ныбжьыщIэ зэхэсхэр къыхузэрегъэпэщ. IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жаIэ. Ди ныбжьыщIэхэр зэрыщIэу щытыныр ди жылэр зэрызыгъэубыд щхьэусыгъуэу къыдолъытэри, абы гулъытэ хэха зэредгъэгъуэтыным дыхущIокъу. Ди лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр адыгэбзэщ икIи адыгэ щэнхабзэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр зымыщIэхэм ахэр я бзэкIэ ябгъэдэтлъхьэну Iэмал диIэщ. Апхуэдэу дэ къыдокIуалIэ хамэщI къикIыжа адыгэ щIалэгъуалэр. Абыхэм щхьэкIи Центрым адыгэбзэр щызрагъащIэ курсхэр къызыдогъэпэщ», – жиIащ Езауэ Мадинэ.
Езауэр адыгэхэм я лъэпкъ щэнхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэми тепсэлъыхьащ. «Дунейм сыт хуэдизу зимыхъуэжами, адыгэр ноби хьэщIэкIэ фIыщ, и хабзэхэр зэрихъумэным хущIокъу, и бзэр IэщIыб имыщIыным иужь итщ. Лъэпкъым хэлъ дахагъ псори къызыгурыIуэ щIэблэщ къытщIэтаджэри, дыщогугъ дыщIэгузавэ куэд къэкIуэну лъэхъэнэхэм кIуэдыжыну», – къыхигъэщащ Езауэ Мадинэ.
Абхъаз хьэщIэхэм къыхагъэщащ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэщхь куэд я бзэм, я щэнхабзэм, я дуней тетыкIэм зэрыхэлъыр. «Ди зэщхьэщыкIыныгъэхэр гъащIэмрэ щыIэныгъэмрэ къыхэкIа Iуэхугъуэщи, унейуэ дыдейщ, зэрыдмыгъэкIуэдыным дытелэжьэн хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, «дызэкъуэшщ» жыдэзыгъэIэ Iуэхугъуэхэм ди нэIэ ятедгъэтын хуейщ. Мыр Iэмалыншэу къызолъытэ. Мис а зэщхьу тхэлъхэр Iуэху щIауэ къэхутэн, абы ехьэлIауэ щIэнIуатэхэр зэхэтшэн хуейуэ къысщохъу. Ди нэхъыжьхэр хъарзынэу зэкIэлъыкIуащ, ноби дызэхохьэ, ауэ дызэрыхуейм хуэдэу жыджэру дызэрыгъуэту жыпIэфынукъым. Ягъэ кIынутэкъым зэкIэлъыкIуэхэр хабзэ тщIырэ ди зэпыщIэныгъэхэр къэдгъэщIэрэщIэжатэмэ», – жиIащ Анкваб Ахърэ.
ДяпэкIэ щIэх-щIэхыурэ лэжьыгъэрэ IуэхукIэ зэлъэIэсыным щыгугъыу Езауэ Мадинэрэ Анкваб Ахърэрэ зэгурыIуэныгъэм 1э традзащ. Абы ипкъ иткIэ Лъэпкъ центритIым къызэрагъэпэщ щIэныгъэ зэхуэсхэм лъэныкъуитIри хэтынущ, щIэныгъэ тхылъхэмкIэ зэхъуажэу, гъэлъэгъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу, филологие щIэныгъэм щIэуэ къыхэхъуамкIэ хъыбар зэрату лэжьыгъэ яубзыхунущ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, центрхэм щIэх-щIэхыурэ студентхэм папщIэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIынущ, абхъаз-адыгэ филологиемкIэ тренинг зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщынущ, практикэ лэжьыгъэ зэдайхэр зэхашэнущ. Езауэ Мадини Анкваб Ахъри къызэрыхагъэщамкIэ, егъэджэныгъэм и Iэмалхэр нэсу зэтемыублауэ, щIэныгъэм и щэхухэр къэпхутэфынкIэ Iэмал иIэкъым.
Лъэпкъ центрхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал униыерситетымрэ Абхъаз къэрал университетымрэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IэнатIэм щызэдэлэжьэну зэраухылIауэ щытам йотIасэ.
ШУРДЫМ Динэ.
|
04.12.2024 - 15:48 Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ |
|
04.12.2024 - 14:39 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и |
|
04.12.2024 - 14:38 Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. |
|
04.12.2024 - 12:25 Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр. |
|
04.12.2024 - 09:03 Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIыхьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ. |
|