17 сентября, 2022 - 08:06
ФутболымкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэхэм и 1/128 Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р щыхигъэщIа нэужь ди щIалэхэм адэкIэ хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ Ставрополь крайм и Ивановскэ къалэм и «Ставрополь АгроСоюз» командэр.
КъызэрыгуэкI къалэ цIыкIум и футбол командэм зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Япэ джэгугъуэм абыхэм бжыгъэшхуэкIэ щыхагъэщIащ «ЕсэнтIыгур» - 3:0. КъыкIэлъыкIуэу зэхьэзэхуэм и 1/128-нэ Iыхьэм зэпеуэм къыщыхигъэкIащ Мэхъэчкъалэ и «Легион»-р – 4:3.
Налшык щызэхэта зэIущIэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэм командэхэм жыджэрагъыхуэ къамыгъэлъуагъуэу екIуэкIащ. Зым и тIасхъэм адрейм щыгъуазэ зэрызыщищIыным джэгум и щIэдзапIэр хухахат. Апхуэдэ мурадкIэ закъуэтIакъуэрэ дэтхэнэ лъэныкъуэми ебгъэрыкIуэныгъэкIэ узэджэ хъун Iэмал гуэрхэр къызэрагъэпэщащ.
Апхуэдэу епщыкIузанэ дакъикъэм хьэщIэхэр а махуэм «Спартак-Налшыкым» и гъуэр зыхъума Сиукаевым къебгъэрыкIуа нэужь топыр къызыIэрыхьа налшыкдэсхэм контратакэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ. Хьэшырым штрафноймкIэ къыхита топыр «СтавропольАгроСоюз»-м и гъуэ нэщIымкIэ иригъэунэтIыжын фIэкIа къызыхуэмына Топурия абы лъэIэсакъым.
Дакъикъэ зыбжанэ дэкIри ди щIалэхэр аргуэру ивановскэдэсхэм я гъуэм екIуэлIащ. Гупышхуэу ипэкIэ кIуэта хэгъэрейхэм топыр къахихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри гъуащхьэтетым хуэзанщIэ хъуащ Къумыкъур, арщхьэкIэ Джамболэт и топыр гъуэм техуакъым.
Япэ Iыхьэм и етIуанэ ныкъуэм «Спартак-Налшыкым» и джэгукIэм хигъэхъуащ икIи топыр нэхъыбэрэ иIыгъ хъуащ. АрщхьэкIэ абы сэпэбынагъ къыхахыфыртэкъым – я ебгъэрыкIуэныгъэхэм хуэфэщэн кIэух ирагъэгъуэтыфыртэкъым е гъуащхьэхъумэхэм къызэпаудырт.
Загъэпсэхуну икIыным куэд къэмынэжауэ, Дэхъум къыхита угловойм ехъулIэныгъэ къытхуихьыным зымащIэщ иIэжар. Штрафнойм ит Белоусовыр топым щхьэкIэ кIэлъеуэжащ, ауэ хьэщIэхэм я гъуащхьэтет Чикильдин абы хуэхьэзырти къиубыдащ.
ЗэпэщIэтыныгъэм и етIуанэ Iыхьэми командэхэм я джэгукIэм зихъуэжакъым – налшыкдэсхэр нэхъыбэрэ ебгъэрыкIуэрт, хьэщIэхэми Iэмал къазэрыхуихуэу, контратакэ псынщIэхэр къызэрагъэпэщырт.
Джэгум зэрыщIидзэжрэ куэд дэмыкIауэ «СтавропольАгроСоюз»-м бжыгъэр къызэIуихащ. И командэм и ебгъэрыкIуэныгъэр диIыгъыу хэгъэрейхэм я штрафнойм къилъэда Зароченцевым топыр къыIэрыхьащ икIи ар гъуащхьэтетым пэгъунэгъу плIанэпэм дигъэкIащ – 0:1. Къыхэдгъэщынщи, а гъуащхьауэ дыдэращ «Легион»-м драгъэкIуэкIа зэIущIэм и бжыгъэр къызэIузыхари.
ЩытыкIэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Профессионал командэр футбол джэгуныр зимыIэщIагъэ лэжьакIуэ цIыхухэмкIэ зэхагъэува гупым къыхигъэщIэныр къемызэгът. Къыхэдгъэщынщи, гъуащхьэхъумэ Тигиевыр таксистщ, гъуащхьэхъумэныкъуэ Нэхущ Къантемыр – курьерщ, бжыгъэр къызэIузыха Зароченцевыр хьэлъэзехьэщ...
Я къару псори зэщIэзыгъэуIуа ди щIалэхэм джэгур зэпIэзэрыт ящIыжыфащ. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа хэгъэрейхэм я капитан Хьэшыр Алан бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ – 1:1.
Зэхьэзэхуэм и хабзэхэм ипкъ иткIэ зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иух хъунутэкъым – адэкIэ нэхъ лъэщыр пенальти еуэгъуэм щызэхэкIынурат. Псоми зэрытщIэщи, пенальтир насыпырыхьщ.
Зи джэгукIэр нэхъ жан хъуа хэгъэрейхэр зэтраIыгъэным я къару псори хухахат ивановскэдэсхэм, ебгъэрыкIуэныгъэ къызэрызэрагъэпэщын къару къахуэнэжатэкъым. Пенальтир нэхъ хэкIыпIэфIу къэзылъыта «СтавропольАгроСоюз»-м и лъэныкъуэмкIэ зыщигъэбыдат. ДжэгупIэ губгъуэр хуит къызыхуэхъуа «Спартак-Налшыкыр» гупышхуэу я хьэрхуэрэгъухэм я лъэныкъуэмкIэ кIуэтащ икIи щIэх-щIэхыурэ гъуэм ебгъэрыкIуэрт.
Апхуэдэхэм ящыщ зым хэту топыр иIыгъыу штрафнойм илъэда Ашуевыр гъуащхьэхъумэхэм хабзэр къызэпауду фIэкIа къахуэгъэувыIакъым. ЕтIуанэ дагъуэр къызыхуащIа Тигиевыр джэгум къыхахуащ.
ЗэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр зэрытемыгъэкIуауэ зэриухам пенальти еуэгъуэр кърикIуащ. Топ пщIырыпщI командэхэм щыдагъэкIа нэужь, ЛIупым пенальтир хуэгъэзэщIакъым. КъыкIэлъыкIуэу топым бгъэдыхьа ди лъэпкъэгъу КIэблахъуэ Владислав хьэщIэхэм текIуэныгъэ къахуихьащ - 10:11. НэхъапэIуэкIэ ди гъуэм пенальтихэм ящыщ зы къыдигъэкIащ хьэщIэхэм я капитан Табыщ Артури.
Мэзкуу Къан.