ДИ ГУЭЛХЭР Я НЭIЭМ ЩIЭТЩ

Еплъи, гуэл къызэрыгуэкI цIыкIущ (метри I00 къудейщ и бгъуагъыр зэрыхъур), кIэлъыплъыжи, щIы щIагъкIэ псы къызыхэлъадэ гуэлу дуней псом тетым я нэхъ куу дыдэщ. КъищынэмыщIауэ, абы куэду хэт сероводород химическэ пкъыгъуэм и мэ гурымыхьыр къыхех. Абыи емылъытауэ, а щIыпIэм щыпсэухэм я кIуапIэщ, я зыгъэпсэхупIэщ. ГъэщIэгъуэнщ гуэлым теухуауэ къекIуэкI IуэрыIуатэхэри. Ахэр зэтехуэркъым, ауэ я дэтхэнэми и купщIэр зыхуэкIуэжыр гуэлым нобэм къэс и кIэм нэсу ямыджыф, къаруушхуэ зыхэлъ щэху гуэр зэрихъумэрщ. Хэти жеIэ, гуэл лъащIэм благъуэ жея щIэсу, хэти дзэзешэ нэхъ хъыжьэхэм ящыщу тхыдэм зи цIэр къыхэна Тамерлан и зауэлIхэм ар иужьрей увыIэпIэ яхуэхъуауэ…

Апхуэдэу итхыжащ Урысей географическэ Интернет напэкIуэцIхэм ящыщ зым и редактор Кваша Семен, Къэбэрдей -Балъкъэрым и Ищхъэрэ Гуэл ЩхъуантIэхэм теухуауэ.
Урыс географическэ обществэм псы щIагъхэм щекIуэкI гъащIэр къэпщытэнымкIэ и центрым и щIэныгъэлIхэмрэ водолазхэмрэ мазищ енкIэ ди гуэлхэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ. Абыхэм ягъусащ Пермь дэт къэрал университетым и щIэныгъэлI геологхэмрэ гидрографхэмрэ, Санкт-Петербург дэт дзэ медицинэмкIэ академием и дохутыр къэхутакIуэхэр.
Апхуэдэу зэщIэгъэуIуа экспедицэм и къалэн нэхъыщхьэр иужьрей IэмэпсымэщIэхэмкIэ гуэл лъащIэм къэпщытэныгъэ лъэжьыгъэхэр щIэрыщIэу щыублэжынырт.
Кхъуэщын щхьэ зэвым ирагъэщхь гуэлым и псыщIагъ теплъэр: гъуджэм хуэдэу укъызэрыщ псы щхьэфэ щхъуантIэрыпсыр инкъым икIи Iузэщ, здынэсыфа куууагъым зэрызиубгъум елъытауэ. Ар апхуэдэу щIыщытыр гуэлым и лъабжьэмкIэ къыщыхэлъадэ псым и Iуфэхэр зэрыщIилъэсыкIырщ, бгъуэнщIагъым щыхуэкIуэжи щыIэу. Гуэл щIагъым щежэх псым зы жэщ-махуэм къриубыдэу псы литр мелуан 70 къыхож. ГъэщIэгъуэныр сероводород хьэлъэмкIэ бэуэныр пэщ къызыщымыхъу елыркъэш лIэужьыгъуэ цIыкIунитIэхэм фIэкIа, абы нэгъуэщI зы псэущхьэ зэрыхэмысырщ. Аращ I920 гъэм щыщIэдзауэ Ищхъэрэ Гуэл ЩхъуантIэхэр щIэныгъэлIхэм я нэIэм щIыщIэмыкIыр.
А зэманым гуэлыр къэзыпщытауэ щыта профессор Кузнецов Иван Урыс географическэ обществэм и медалыр къыхуагъэфэщат. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт а зэманым щIэныгъэлIхэм къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэр зыхуэдэр - кIапсэ быдэм фIэщIауэ псым ирагъэжэх бдзамцIэрт зэрыхъур. Апхуэдэ Iэмал къызэрыгуэкIымкIэ щIэныгъэлIым къихутэфат гуэлым псы ежэх къызэрыхэлъадэр.
 I980 гъэм апхуэдэ къэхутэныгъэхэр а щIыпIэм щезыгъэкIуэкIа Грузием и щIэныгъэлIхэри гуэлым лъащIэ зэримыIэмкIэ Кузнецовым и псалъэхэм щыхьэт техъуащ.
Иужьрей экспедицэм дохутырхэр къыщIыздащтами щхьэусыгъуэ иIэт. Абыхэм къапщытащ ипэкIэ здынэмыса куууагъым щIэту лажьэ псыщIагъырыкIуэхэм псым зыщыщIагъэмбрыуэмрэ къыщыдэсеижымрэ я Iэпкълъэпкъым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр. КъызэралъытамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ипщэ Гуэл ЩхъуантIэхэр дайверхэр гъэхьэзырынымкIи хуэдэ щымыIэу щIыпIэ телъыджэщ. Ахэр щагъэсэн хуей хъу щIыпIэхэм псым щиIыгъ щIыIагъыр (псалъэм папщIэ Балтикэм) градуси 2-щ здынэсыр. Абы ефлъытыт ди гуэлым иIыгъ +9-р. КъимыдэкIэ, гуэлым и щхьэм жьышхуэ къыщепщэу псы щIыIур зэрихуэркъым, щIыщIагъ псым и уэрагъи зыхэпщIэркъым. Ауэ щыхъукIэ, Москва елъытауэ гуэлыр хыщхьэм нэхърэ метр 800-кIэ нэхъ лъагэщ. Абы къыхэкIыу водолазхэм я къыдэкIуеижыгъуэм я нэIэ тетын хуейщ.
Сыт хуэдэ экспедицэри Ищхъэрэ Гуэл ЩхъуантIэм къэгъэсыным гугъуехь лей пылъкъым: дунейпсо кхъухьлъатэ къэтIысыпIэм къыщыщIэдзауэ дэлъыр сыхьэт I,5-рэщ, гуэлым узэрыкIуэ федерал гъуэгухэр зэпэщщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытащ щIэныгъэлIхэм. ПсыщIагъ медицинэм нобэ ират мыхьэнэ иным тепщIыхьмэ, лэжьыгъэ хьэлъэр псы щIагъым къыщезыхьэлIэхэм я узыншагъэр псом нэхърэ нэхъыщхьэжщ. Аращ гуэлым и щытыкIэр щыщIапщытыкIым апхуэдэ медицинэ къэхутэныгъэхэри къыщIыкIэрамыгъэхуар.
- Водолазхэм я лэжьыгъэр узыншагъэмкIэ шынагъуэу къалъытэу нобэм къэсащ, ауэ иджырей Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэм къагъэув мардэхэм утету улажьэмэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым хуэмыхьын хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъун хуейкъым. АрщхьэкIэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым гуэл щIагъым куууэ щес цIыхур, давленэ лъагэр иIыгъыу, кислородкIэ зэрыбауэр. Апхуэдэхэм деж водолазхэр зыри зыпэмыплъа щытыкIэхэм ихуэнкIэ хъунущ: захуэмыIыгъыжу ину дыхьэшххэу, чэфым хуэдэу я лъакъуэхэм ямыIыгъыу, (декомрессионнэ узыфэкIэ йоджэ) ,- жеIэ Дзэ медицинэмкIэ академием и щIэныгъэлI Зверев Дмитрий. 
Гуэл ЩхъуантIэм хаутIыпщхьа иджырей Iэмэпсымэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр 3 хъурт, зым нэхърэ адрейр нэхъыфIыжу. Абыхэм ящыщ зым хуэдэкIэ Урысейм и Президент Путин Владимир хы ФIыцIэм и лъащIэм къыщрашэкIауэ щытащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи шынагъуэншэщ.
Зыхуеину псомкIи къызэгъэпэща аппаратым щIэныгъэлIхэр лъапцIэу йохьэ. Абы къэхутакIуэхэм папщIэ шэнтжьейуэ тIу, пилотым и зы шэнт итщ. Iэмэпсымэр элекрокъарукIэ мэлажьэ, ауэ батарейкэхэр гуэл щIагъым и кууупIэм щытIыскIи ущIэгузэвэн щымыIэу, IэкIэ ягъэлажьэ механизмхэмкIэ укъыдэкIуеижыфынущ. А пкъыгъуэри къутэрэ, абдежми шынагъуэ лъэпкъ хэлъкъым - газкIэ къагъэпщ къэпхэм занщIэу укъыдрахьеижынущ, а къэпхэри зыбжанэу яIыгъщ. Псори къэгъэнауэ, псыщIагъ аппаратым иIыгъ узэрыбэуэну хьэуамрэ хуабэмрэ сыхьэт 96-кIэ яхурикъунущ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.