ДИ ПСЫХУЩХЪУЭХЭМ ХУЭДЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Къэбэрдей Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Джылы - Су турист кIуапIэ нэхъ ехьэжьахэм хабжэн папщIэ, иджырей мардэхэм тету зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIыну я мурадщ.

Ди республикэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэр зыхуеину Iуэхутхьэбзэхэм я нэхъ мащIэри нобэ а щIыпIэм щагъуэту пхужыIэнукъым. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, псом ящхьэщ щIыпIэм и къабзагъэмрэ щIыуэпс щытыкIэмрэ егъэфIэкIуэжыныр. Абыхэм хуэгъэпса Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэри убзыхун хуейщ.

«Туризмэмрэ гъэхьэщIэкIэм и къызэгъэпэщыкIэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу гектар 620-рэ зи инагъ щIыпIэм дызыхуэкIуэ зэманым къыщызэIуахынущ минерал псы хущхъуэхэмкIэ цIыхум я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс, ресторан, иджырей хьэщIэщхэр, лыжэ къэжыхьыпIэхэр, кIапсэ гъуэгухэр. Мелард 33 - м щIигъу зытекIуэдэну а ухуэныгъэхэр 2030 гъэм нэсыху зэфIагъэкIыну щогугъ.

ЗыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэныр, дауи, мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхущ , ауэ щIыуэпс къабзагъэм телажьэхэр абы арэзы техъуащэу щыткъым. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ ухуэныгъэшхуэхэр щIыпIэм и экосистемэм зэран хуэмыхъуу къанэркъым.

Къапщтэмэ, Джылы-Су и псыхущхъуэхэм хуэдэ дуней псом ущрихьэлIэнукъым, щIыпIэри къэмыхъуауэ дахэщ. Метр 30 зи лъагагъ псыкъелъэхэр, къыр зэхуакухэм телъ лъэмыжхэр, «Жейм и тафэ», «Iэгъэбэгу ныджэ» (зым жей IэфI къыщыптоуэ, адрейм Iэгъэбэгу теплъэ зиIэ мывэхэр игуэшащ) щIыпIэхэр телъыджэщ. Апхуэдэу гъэщIэгъуэныщэщ «Чэщанэхэм я хэщIапIэ» щIыпIэри.

«Эммануэль и тафэм» дыжьыныпс къыщыщIож. Дауи, абы дыжьын хэлъкъым, ауэ апхуэдизкIэ щIыIэщи, псым ущеIубкIэ дзэпкъым дохьэ, укъису. Псом нэхъ гъэщIэгъуэну щIымахуэм ар йогъущыкI, гъэмахуэм щIэрыщIэу къоунэхуж. Дауэ а псом туристхэр зэрыдимыхьэхынур?

А щIыпIэхэр щIэх - щIэхыурэ щIэзыпщытыкI тхакIуэ Урысейм и географическэ обществэм хэт къэхутакIуэ Котляров Виктор къызэрыхигъэщамкIэ, илъэси I0 ипэкIэ а щIыпIэр хьэлэч ящIауэ щытащ шэбэт - тхьэмахуэхэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм. Нобэ щытыкIэр нэхъ ирагъэфIэкIуэжащ: кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIакъуэ, Iэгъуэблагъэм къыщыкI жыгхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ кIэлъоплъ, ауэ абыкIи Iуэхур зэфIэкIынукъым.

- Ди къуршылъэ щIыпIэхэм къыщокI жьы къабзэ къыдэзыт жыг телъыджэхэр. ЗыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм экосистемэ узыншэ щыIэн щхьэкIэ абыхэми хэщIыныгъэ зэрамыгъуэтыным кIэлъыплъын хуейщ.

Псыхущхъуэ къыщIэжыпIэхэр зэрыщыту къэбгъанэкIэ, цIыхум ар къабзэу щагъэтыныр фIэщщIыгъуейщ. Лъэпкъ проектхэм хиубыдэу Джылы - Су зыхуей хуагъазэмэ къэралпсо мыхьэнэ зиIэ иджырей зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэхэм ящыщ зэрыхъунум шэч хэлъкъым.

ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.