ЖЫГ ХАДЭЩIЭ КЪЫЗЭIУАХБэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ цIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъун жыг хадэщIэ къыщызэIуахащ. Абы теухуа зэIущIэм ирырагъэхьэлIащ УФ-м и Президентым Донбассыр хъумэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхар зэрыдаIыгъымкIэ пэкIур. Зэхыхьэм кърихьэлIащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Хур Тимур, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Хур Тимур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъумрэ ЩIэныгъэмрэ я махуэмкIэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуа нэужь, къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ къалэм хиубыдэ цIыху зэхуэсыпIибл къызэрызэрагъэпэщар къыхигъэщащ. «КъБКъУ-р ди щIыналъэм и цIэр жыжьэ зыгъэIу IуэхущIапIэхэм ящыщщ. Абы и теплъэр ди щIыпIэм и дамыгъэхэм языхэзщ. «ПсэупIэмрэ псэукIэ зэIузэпэщымрэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ, дэ Iэмал дгъуэтащ университетым и гупэ къит мэз тIэкIур зэIузэпэщ тщIыжыну, цIыхухэр хуиту щызэхэзекIуэ, я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъу щIыпIэу дгъэпсыну. ЩIалэгъуалэм я зэIущIапIэ хъуну дызыщыгугъ мы жыг хадэ цIыкIури ди къалэм щыгъ фащэ дахэм и зы тхыпхъэ зэрыхъунум шэч къытетхьэркъым», – жиIащ Хурым.
ТРАМЭ Батырджэрий.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|