ТХЫЛЪ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ

Москва и Ут Плъыжьым къыщызэIуахащ 8-нэ тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Ди республикэм и лIыкIуэу абы ирагъэблэгъащ лъахэхутэ, зи тхылъ тедзапIэ зиIэж  Котляровхэ Викторрэ Мариерэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, усакIуэ, журналист Къаныкъуэ Заринэ.

«Красная Площадь» тхылъ фестивалыр мэкъуауэгъуэм и 3 - 6-хэм зэхэтащ. Абы ирагъэблэгъащ лъэпкъыбзэкIэ тхэ усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэр. Ахэр эвенкий, юкагир, авар, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ усэ къеджэнущ.

КъэпщытакIуэхэм я советым хэтхэм къыхахащ выставкэм ягъэхьа, нэгъабэ къыдэкIа тылъхэм ящыщу гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьэнухэр. Москва, Санкт-Петербург, щIыналъэ центрхэм я тхылъ тедзапIэ 400-м къыдагъэкIа тхылъ мини 100-м нэблагъэ абы щагъэлъагъуэ. Абы щыщу тхылъ тедзапIи I20-м щIигъум я лэжьыгъэ 520-р нэхъыфIу къалъытащ. Абыхэм язщ  Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIа «Кабардино-Балкария: чудо природы. По достопримечательным местам республики, которую называют заповедником мировой истории» томитI хъу сурэтылъэ-альбомыр. Урысейм и Тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм а къыдэкIыгъуэр пашэу къыщалъытащ. Тхылъ фестивалыр къыщызэIуахкIэ ягъэлъэпIэнущ нэхъыфIу къалъыта лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, 2000 гъэхэм щыщIэдзауэ налшыкдэсхэм я лэжьыгъэхэр къэралым къыщыдагъэкIхэм я нэхъыфIхэм ящыщ зэрыхъур, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм пашэ зэрыщыхъур. Котляровхэ я тхылъ тедзапIэр хохьэ Урысейм и щIыналъэхэм щылажьэ тхылъ тедзапIэ нэхъыфI 50-м.

- Къэралым и тхылъ выставкэ нэхъыщхьэм хыхьэу ди шэтырыр пщэдджыжьым сыхьэти 10-м щыщэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху Котляровэ Аннэ и нэIэм щIэта,щ. Ди дапхъэм тхылъыщIэ куэд телъащ, адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи къыдэкIахэр хыхьэу. ТхылъымпIэм и уасэм зыхэпщIэу зэрыхэхъуам  емылъытауэ, тхылъхэр лъапIэ зэрыдмыщIынум яужь дитщ,- жеIэ Котляров Виктор.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы