ДЫЗЭРЫЗЭМЫЩХЬЫРЩ ДЫЗЭКЪУЭЗЫГЪЭУВЭР

НыбжьыщIэхэм я библиотекэ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Дызэрызэмыщхьырщ дызэкъуэзыгъэувэр» къыхуеджэныгъэм щIэт «Библионочь - 2022 - Про традиции» урысейпсо социальнэ-щэнхабзэ Iуэхум хыхьэ зэхыхьэ.

Республикэм и библиотекэхэм къищынэмыщIауэ, апхуэдэ зэхыхьэхэр щэнхабзэ IуэхущIапIэхэми къызэрыщызэрагъэпэщар гуапэщ. НыбжьыщIэхэм я библиотекэм Балигъ мыхъуахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Нэмыс» центрым къыщызэригъэпэща «Сказка - сокровище народной мудрости» пшыхьым хэтащ тхылъ еджэным дихьэххэр. НыбжьыщIэхэр цIыхубэ, езым ятха таурыхъхэм къеджащ, таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я сурэтхэр ящIащ, къуажэхьхэр къащIащ, викторинэхэмрэ зэпеуэхэмрэ я зэфIэкI щеплъыжащ.

«Выразитель народного самосознания» зыфIаща зэхыхьэм ныбжьыщIэхэр щыхагъэгъуэзащ лъэпкъ гупсысэр къызыхэщ, ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI IуэрыIуатэ къулейм. IуэрыIуатэм - таурыхъхэм, псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, гущэкъу уэрэдхэм, цIыхубэ уэрэдыжьхэм цIыху гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ. Абы и щыхьэту экранымкIэ къагъэлъэгъуащ IуэрыIуатэм теухуа видеохэр.

«Жемчужина устного народного творчества - Нартский эпос» тхыдэ-лъахэхутэ сыхьэтым къриубыдэу къагъэнэIуащ литературэмрэ гъуазджэмрэ зыщаужьа зэманым IуэрыIуатэм пщIэ зэриIэр, лъэпкъхэм къадекIуэкI таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зэращымыгъупщэр. Кавказ лъэпкъхэм ди IуэрыIуатэм куэд зэрыщызэтехуэр и щыхьэтщ зэныбжьэгъугъэмрэ мамырыгъэмрэ ди зэхуаку зэрыдэлъым, нэхъыжьхэм къытхуагъэна лъэпкъ Iущыгъэр щIэблэм зэрызэIэпахыр. Ахэр ирагъэплъащ «Сосрыкъуэ - мывэм и къуэщ» мульфильмым.

ЗэIущIэм ирагъэблэгъат Гуманитар-техникэ колледжым и студентхэри. Ахэр яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ Iэщэ, дыщэкI щIыным хуэIэкIуэлъакIуэу Кавказым исахэм теухуауэ ягъэхьэзыра лекцэм.

 ЗэIущIэм хэтахэм гуапэ ящыхъуащ псоми тхылъ тыгъэ къызэрыхуащIар. Пшыхьыр ягъэдэхащ щапхъэу къалъыта «Нал цIыкIу» къэфакIуэ ансамблым, ГъуазджэхэмкIэ школ №1-м щеджэ Гергоковэ Лейлэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.