Шабзауэ нэхъыфIхэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт еджапIэм щызэIущIащ узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм я школым и гъэ­сэн­хэмрэ шабзэкIэ уэ­нымкIэ Урысейм и паралимп гупым хэтхэмрэ.
 
Зэхуэсым хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, абы и  къуэдзэ Къардэн ­Мурат, Физическэ щэнхабзэмкIэ, спор­тымрэ туриз­мэмкIэ ко­митетым и уна­фэщI Бэрэгъун Арсен, депутатхэу Бечеловэ Люд­милэ, Мечукаев Алихъан сымэ.
Егоровэ Татьянэ спорт­сменхэм защыхуигъазэм, жиIащ ахэр зыхэт спорт лIэужьыгъуэм кIэлъыплъыну езыми зэрыфIэфIыр.
- Шабзэр Iэщэ нэхъ пасэрей дыдэхэм ящыщщ. АбыкIэ захъумэжырт икIи ирищакIуэрт. Къищы­нэ­мыщIауэ, нэхъ пасэу къе­жьа спорт лIэужьыгъуэхэми ар ящыщщ. Апхуэдэ тхыдэ къулейрэ хабзэрэ къызыдекIуэкIыу мащIэщ щыIэр, - къыхигъэщащ Его­ровэм. - Пэжщ, лъэхъэнэ гуэр диIащ дунейпсо олимп Iуэхухэм шабзэкIэ уэныр щыхагъэкIа. Ауэ ­мы спорт лIэужьыгъуэм и телъыджагъэрщ ар гъэмахуэ джэгухэм иужьым къы­щIыхагъэхьэжар. Шабзэ­кIэ узэхьэзэхуэныр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI, къарукIэ мыхъуу, нэхъыбэу хьэлкIэ зыхуэбгъэхь­э­зы­рын хуейщи. ЦIыху къы­зэ­рыгуэкIыр спортсмен цIэ­рыIуэ щыхъур и хьэлыр ипсыхьыфмэщ, ерыщу и текIуэныгъэм хущIэ­къу­мэщ. Си фIэщ мэхъу а хьэлыфIхэм хуэдэ дэтхэ- нэ зыми зэрыфхэлъыр. Абы и щыхьэтщ Паралимп джэгухэм, Европэ, дунейпсо чемпионатхэм къы­щыф­хуагъэфащэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ «спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер» цIэр къы­зэрыфхуэхьэхумрэ. 
Егоровэ Татьянэ дыщIигъуащ иужьрей зэманым спортыр политикэ IуэхухэмкIэ къагъэсэбэп зэрыхъуар зэрижагъуэр.
- Иджыпсту ди спортс­менхэм къыхуащI лъэпощхьэпохэм хуэдэ зэи щыIакъым. Хабзэми спортми къезэгъыркъым   урысей спортсменхэр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хамыгъэтыну зэрыхущIэ­къур. Шэч хэмылъу, ар ди къэралым зэран къыхуэ­хъуну  хъуапсэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм ящыщу аращ. Абыхэми емылъы­тауэ, фэ адэкIи фи зэ­фIэкIхэм зэ­рыхэвгъэ­хъуэ­нум фыхущIокъу, сы­зэ­реплъымкIэ, ар текIуэныгъэм хуэкIуэ  гъуэгущ. Ехъу­лIэны­гъэшхуэхэр фи­Iэну сы­ны­вохъуэхъу, - яж­риIащ ныбжьыщIэхэм Егоровэ Татьянэ.
Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэм ятеухуа спортым зегъэужьыным республикэм гулъытэ хэха зэрыщыхуащIыр. КъБР-м и Парламентым и нэIэ тетщ мы школым икIи абы зыщызыгъасэ щIалэгъуа­лэм я ехъулIэныгъэхэм депутатхэр щыгъуазэщ. Егоровэ Татьянэ гъэсакIуэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ, я лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтым пап­щIэ. Абы КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр яхуигъэфэщащ школым и унафэщI Кулюшин Александррэ гъэсакIуэ Кулюшинэ Натальерэ.
Спортсменхэм псалъэ гуапэ жраIащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур сыми.
Урысейм и паралимп гуп къыхэхам и гъэсакIуэ, шабзэкIэ уэнымкIэ паралимп чемпион Шестаков Олег тепсэлъыхьащ щIалэ­гъуа­лэм я ехъулIэныгъэхэм, я мурадхэм, паралимп зэ­щIэ­­хъееныгъэм зэрызиу­жьа щIыкIэм, УФ-м и паралимп гуп къыхэхам увыпIэ нэхъ лъагэ дыдэхэр дуней псом зэрыщиIыгъым, нэгъуэщIхэми.
Дунейм щэнейрэ чем­пион­кэ щыхъуа, Токио ще­кIуэкIа Паралимп джэгухэм къыщыхэжаныкIа Крутовэ Еленэ Егоровэ Татьянэ тыгъэ хуищIащ Токио джэгухэм хэта урысей спорт­сменхэм я IэщIэдз-хэр зытет олимп открыткэр.
Урысейм и шабзауэхэм я гупым хэтхэм я Iэзагъэр а махуэм ягъэлъэгъуащ. Зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ Джиоевэ Анастасиерэ Гомбожапов Александррэ я шабзэхэр нэщанэм зэры­трагъахуэм удихьэхыу уеп­лъырт.
ШабзэкIэ уэнымкIэ Урысей паралимп гупым хэтхэр нэхъ и пэкIи республикэм къэкIуауэ щытащ - 2020 гъэм спортсменхэр Токио зэрыкIуэным зы­хуагъэхьэзыру щыIащ. Мы гъэм абыхэм Налшык къалэм зыщагъэсэнущ накъыгъэм и 23 пщIондэ. Гупым зыхуегъэхьэзыр Беларусым щекIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэхэм.
- Кулюшин Александр и фIы­гъэкIэ Къэбэрде­й-­  Ба­лъкъэрым Iэмал псори ща­Iэщ шабзэкIэ уэным зы­хуагъэсэным теухуауэ. Республикэм и спортсменхэм ехъулIэныгъэфIхэр къы-ща­гъэлъагъуэ урысейпсо зэпеуэхэм. ТекIуэныгъэ куэд иджыри яIэну дохъуэхъу. Ди гупым къы­хыхьэну ­хуейхэр ди гуапэу къыдогъэблагъэ, - жиIащ Шестаков Олег.
ХьэщIэхэм щхьэхуэу фIы­­щIэ хуащIащ «Пять колец» спорт еджапIэм и унафэщI Ахъмэт Амир, зэхуэсыр къызэрызэригъэ­пэщам папщIэ. Хьэ­щIэ­хэмрэ бысымхэмрэ яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ «Шагъдий» ансамблым хэт­­­­хэм я къэфэкIэм.
 
КъБР-м и
Парламентым и
 пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр