ЩIыналъэхэр зэпызыщIэ щэнхабзэ зэхыхьэ

Нарт Хэку ЩIалэгъуалэ Хасэм нэгъабэ Налшык къалэм Абхъа­зым и утым япэу щиубла хэгъэгу джэгушхуэм нэгъуэщI щIыналъэхэми щыпащэу абы зэрызрагъэубгъур гуапэщ. Адыгейм и ­къалащхьэ Мейкъуапэ шыщ­-  хьэ­уIум и 7-м щекIуэкIа а щэн­хабзэ зэхыхьэм хэтахэм гукъи­нэж ящыхъуащ дуней псом щызэбг­рыдза адыгэхэр нэхъри зэ­къуэ­зыгъэувэ, я зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ пшыхь щIэ­щыгъуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Адыгэ Республикэм и щIалэ­гъуалэ жыджэрхэм «Адыгэ Ха-  сэ - Шэрджэс парламент» жы­ла­гъуэ зэгухьэныгъэр и дэIэ­пы­къуэ­гъуу.

Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэ адыгэ ныпыр зыIыгъ бы­сымхэр хабзэм тету гуфIэгъуэр я нэгум кърихрэ гуапэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм къытпежьэри, хьэщIагъэ къыдахыу, пщIэрэ гулъытэрэ къытхуащIу драгъэблэгъащ. Къалэ паркым къы­щыIурт къафэр зи псэм хэлъ щIалэгъуалэм зыхалъхьэ щымыIэ лъэпкъ макъамэ гурыхьыр.
Джэгум и пэ къихуэу хьэщIэхэм Адыгэ Лъэпкъ музеймрэ щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэмрэ зыщ­ра­гъэплъыхьащ, щэнхабзэм, адыгэ­хэм я псэукIам теухуа тхыдэ напэкIуэцIхэм хагъэгъуазэу. Къы­кIэ­лъыкIуэу, Адыгэ Лъэпкъ театрым    и артистхэм театр теплъэгъуэхэр къагъэлъэгъуащ, республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэми кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэу­жьащ.
Мейкъуапэдэсхэм къадэкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Псы­хуабэ, Дон Iус Ростов, Армавир, Москва, Санкт-Петербург, Мэздэгу ­къа­лэхэм, Тыркум, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием, Си­рием, Израилым, нэгъуэщI щIы­пIэхэм къикIахэр зэхуэзышэса хэгъэгу джэгушхуэм лъэпкъ фащэ екIур къызыщыпсу къекIуэлIахэм уахэплъэн къудейри гур хэзыгъа­хъуэт. ЩIалэгъуалэр я фэилъхьэгъуэкIэ зэрызэпэщым къы­дэ­кIуэу, нэжэгужагъымрэ гукъы­дэ­жымрэ зэщIиIыгъэхэт. УзэIэ­бэкIыж­рэ тхы­дэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, мып­хуэдэ джэгу Мей­къуапэ щы­зэхэтауэ къалъытэр блэ­кIа лIэ­щIыгъуэм и 20 гъэхэрщ. Ар къы­зэрагъэпэщу щытащ адыгэ­хэм мыхьэнэшхуэ зиIэ я жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм ирихьэлIэу.
Джэгум и хабзэм тету, щIалэхэр зы лъэныкъуэкIэ, пщащэхэри абы яхуэзанщIэу зэхашащ пшыхьыр. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ хьэтиякIуэ къалэныр зыгъэзэщIа Елдар Анзор фIыщIэ яхуищIащ дуней псом щыпсэу зэлъэпкъэгъухэр зэ­зышэлIа джэгужьыр къыхэзылъ­хьа­хэмрэ зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ. Адыгэ пшыналъэм, пшы­нэбзэм, пшынэпсэм хуэзэша щIалэгъуалэр джэгуакIуэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъу-щауэдэшхэу Тхьэ­кIумашэ Налбэчрэ Ерыгу Iэдэмрэ, пщащэдэшхэу Къуэблэ Тамарэ, Благъэз Дианэ, Еутых Бэллэ сымэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху гукъинэжу ягъэджэгуащ, псом хуэмыдэжу хьэщIэхэм гулъытэ лей хуащIу. Къэ­бэрдей къафэкIэ ирагъажьэ­ри, къафэ къуаншэ, джэгу-къафэ, лъапэрыфэ, хьэкIулаш, зэхуэкIуэ, убых, абазэ, нэгъуэщI къафэ ­лIэу­жьыгъуэхэм щаIэ зэфIэкIхэр зэ­пеуэ щIыкIэу къагъэлъэгъуащ, кIуэ пэтми къафэ лIэужьыгъуэ-    хэм щхьэж щаIэ Iэзагъэр нэхъри къы­зэкъуахрэ зэрытемыгъакIуэу.
«Пшы­налъэр бгъунлъэмэ, лъэп­къыр мэукIытэ», - жиIэгъат зэгуэр адыгэ усакIуэшхуэ ПащIэ Бэч­мыр­зэ. Абы и лъэныкъуэкIэ пшыхьыр зыгъэдэха Адыгэ макъамэ Iэмэ­псымэхэм я оркестрым хэтхэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу Iэзэ ­защIэхэт, пшынэм, шыкIэпшынэм, къамылым, нэгъуэщI Iэмэпсы­мэ­хэм кърагъэкI макъамэхэм уеда-Iуэ пэтми зыщумыгъэнщIу. ЩIэб­лэм лъэпкъ къафэмрэ пшыналъэмрэ гукIи псэкIи зэрызыхащIэм, адыгэ щэнхабзэм ахэр фIыуэ зэрыщыгъуазэм и щыхьэтт зэхыхьэшхуэр. Аращи, апхуэдэу лъэпкъ макъамэр зыгъэбзэрабзэ щIалэхэр диIэху, ди пшынэр щIэбгъунлъэни лъэпкъыр дыщIэукIы­-тэн щхьэусыгъуи диIэнукъым.
ЩIэдзапIэ зиIэм, кIэухи иIэщ. Сыхьэтищым щIигъукIэ екIуэкIа джэгушхуэм хэта щIалэгъуалэм ­къафэкIэ загъэнщIу затIыжын дэ-нэ къэна, абыхэм зэдэгушыIэным, ныбжьэгъу зэрыгъэхъуным гъунэ иралъа къудейуэ пшыхьыр щызэ­хуащIыжыну пIалъэр къэблэгъащ. Хабзэм тету, нэхъыжьхэр зыхэт къэпщытакIуэхэм нэхъ дахэу къэфауэ къалъытэ щIалэмрэ хъы­джэбзымрэ къыхахащ. «Адыгэ Хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм джэгум къыхэжаныкIа щIалэхэмрэ хъы­джэбзхэмрэ я цIэ къраIуэри, ахэр утыку кърашащ икIи ягъэфIащ, саугъэтхэр хуагъэфащэри. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр лъагъэсащ Нью-Йорк щып­сэу, джэгум зыкърезыгъэхьэлIа     ди лъэпкъэгъу щIалэ КIэдыкIуей Батыррэ (бащлъыкъ) Мейкъуапэ щыщ КIыкIэ Адыифрэ (чысэ цIыкIу).
Хабзэм тету, пшыхьыр уджкIэ зэхуащIыжащ. Ар егъэжьэн пщэ­рылъыр къалэн щащIащ ди республикэм икIахэм ящыщу къафэм нэхъ хуэIэзэу джэгум къыщалъы-тэу дэ башыр (дэ ныпыр) тыгъэ ­къы­зыхуащIа Щомахуэ Аскэррэ ­Батыр Раситэрэ.
Нэхъыжьхэм къыхагъэщащ джэгур гъэ къэси щIыналъэхэм щызэхашэну зэрамурадыр, адыгэхэр ­нэхъыбэрэ дызэхуэсмэ, дызэкъуэтмэ, ди къарури зэфIэкIри нэхъ ин, нэхъ лъэщ зэрыхъунур къалъытэу. Джэгу щIэщыгъуэм ирагъэблэгъахэм бысымхэм фIыщIэ хуащIащ, пшыхьыр Iыхьэлейуэ гуапэ зэращыхъуар, хьэщIэ лъапIэм хуащI ­гулъытэмрэ пщIэмрэ зэрырагъэ­лъэгъуар къыхагъэщу.
- Адыгэ щIалэгъуалэр джэгум ­нэхъри дызэрызэкъуигъэувар хуабжьу гуапэ сщыхъуащ. Зэлъэпкъэ­гъухэр нэхъыбэу щыпсэу Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ къалэхэм гъэ къэси мыпхуэдэ джэгушхуэр щы­зэхашэныр ди хъуэпсапIэщ. Ар дуней псом щыпсэу зэлъэпкъэгъу­-хэр дызэкъуэтынымкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху дахэщ, - жеIэ Мейкъуапэ къалэм и щIыпIэ администрацэм   и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, «Вконтакте» Интернет сайтым и «Типичная Адыгея» гупым и къы­зэгъэпэщакIуэ жыджэрхэм ящыщ, Мейкъуапэ и Адыгэ Хасэм и щIа­лэгъуалэ клубым хэт КIумпIыл ТIэхьир. - Хъыджэбзхэм, къафэм къы­дэкIуэу, лъэпкъ фащэхэр гъэ­хьэзырыным ехьэлIа пасэрей IэщIагъэм щаIэ зэфIэкIхэр, я Iэ­пэIэсагъэр къагъэлъэгъуэнымкIэ джэгур IэмалыфIщ. Зэхыхьэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къы­хэ­кIахэми зэрызыкърагъэхьэлIэр къэплъытэмэ, ар сыт хуэдэ щIы­налъэм щыщ адыгэ щIалэгъуа-лэм дежкIи IэмалыфIщ ди щэн­хабзэм и курыхыр, ди къафэмкIэ, фащэмкIэ, зыIыгъыкIэмкIэ, утыку итыкIэмкIэ адрейхэм дакъызэ­рыщхьэщыкIыр къэдгъэлъэгъуэну.
Дуней псом щыщ адыгэ миным щIигъу зыхэзыгъэплъа зэхыхьэ ­гуапэр Iэмал гъуэзэджэщ ди лъэпкъ къафэмрэ фащэмрэ гъэ­лъэгъуэнымкIэ, Iэдэбагърэ щэны­фIагъкIэ щапхъэ зэрыгъэхъу щIалэгъуалэр нэхъри зэрыгъэбеи­нымкIэ, зы бзэ, зы хабзэ зиIэхэм джэгур зэдагъэдахэурэ адэкIи зэкъуэувэнымкIэ, зэкIэлъыкIуэнымкIэ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ хабзэм и зы Iыхьэ джэгу-къафэм гъэ­сэныгъэ мыхьэнэи иIэщ - къафэм щаIэ зэфIэкIхэр, хьэл-щэнхэр ­утыку щызыгъэлъагъуэ щIалэхэр икIи пщащэхэм пщIэ хуащIу хуэ­зыгъасэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, хэгъэгухэм (нэгъабэ Налшык, иджы Мейкъуапэ) щекIуэкI мыпхуэдэ джэгухэм хэт хьэщIэхэр хабзэхэм щыкIэлъыплъкIэ зэрызэрагъапщэр, фIырэ хабзэншагъэу ха­лъагъуэмрэ зэрыщызэпашэчым, хабзэм и фIыпIэу гу зылъатэхэм-кIэ зэрызэхъуажэр къазэры­хуэщ­хьэпэр.
Пасэрей лъэпкъ къафэхэр зи ­лъабжьэ джэгужьым и хабзэр ­къыщагъэщIэрэщIэж пшыхьым зэрыгъэгушхуэрэ зэрыгъэгуфIэу хэта щIалэгъуалэр зэбгрыкIыжащ, зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэха нэужь я зэрыцIыхуныгъэр нэхъ кIыхь ящIу зэрыгъэныбжьэгъун ­папщIэ, я жып телефонхэр зыIэ­пахри.
Пшыхь дахэр ягъэбжьыфIащ ­КъБР-м и цIыхубэ артист, балет­мейстр Думэныщ Iэулэдин, Iэп­щIэлъапщIэ Iэзэ Еутых Iэсият, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист Быштокъуэ Азэмэт сымэ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.