Урысейм и Президент Путин Владимир Пятигорск къэкIуащ икIи Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2018» щIэныгъэ зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ

Ар еплъащ лъэпкъ фащэм и гъэлъэгъуэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ­волонтёрхэм къызэрагъэпэщам.

Лъэпкъ фащэр зэтегъэувэжыным, ар егъэфIэкIуэным елэжь творческэ IэнатIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къэралым и унафэщIым хуиIуэтащ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэзыуха, дизайнер ныбжьыщIэхэм я ебланэ щIыналъэ зэхуаку конкурсым щытекIуа Къущхьэ Радимэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыщыхъуам и гугъу щищIым, Путин Владимир къыхигъэщхьэхукIащ: «Мыбы мыхьэнэшхуэ зэриIэм къыщымынэу, апхуэдэу икIи хуабжьу ­дахэщ».
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.