ВАГЪУЭХЭР

Уафэм дыщеплъкIэ, дэ къытфIощI абы и джабэм вагъуэхэр кIэрыту, ахэр дэ зэрытпэжыжьэр зэхуэдизу, нэхъ иныр ину, нэхъ  цIыкIур цIыкIуу тлъагъуу, нэхъ нурыр нэхъ иныр арауэ. ЖаIэу щытащ дыгъэр, мазэр, вагъуэр зэуэ зэдэзылъагъур жэнэтым кIуэну. Вагъуэр убжу ядэртэкъым, вагъуэу къыубжам и бжыгъэ хьэмцIыракIэ къыптекIэнущ, жаIэрт.

Вагъуэхэр куэд мэхъу, абы я бжыгъэр зыщIэу зы цIыхуи щыIэкъым. ЦIыхум и нэр сэкъатыншэмэ, уафэр бзыгъэмэ, зы щIыпIэм деж щыту вагъуэ 3000 къелъагъуф, абы и нэм къыхуоубыд вагъуэ 6000, телескопкIэ хуэлъагъур нэхъыбэжщ. Вагъуэхэр дэ икъукIэ тпэIэщIэщ, зэрытпэжыжьэхэри зэхуэдэкъым. Ауэ зэрытпэжыжьэ дыдэр къигъэлъагъуэу мыпхуэдэ бжыгъэхэр къэтхьынщ: дыгъэм къикI нурыр (светыр) щIым къос дакъикъи 8-рэ секунд 20-кIэ, вагъуэ нэхъ тпэгъунэгъу дыдэм къикIыр - илъэси 4,3-рэ хуэдизкIэ. Апхуэдизу жыжьэ щыIэ вагъуэхэр ди дунейм сэбэпи зэрани къазэрыхуэхъу щIагъуэ щыIэкъым. Ауэ цIыхум вагъуэхэр къегъэсэбэп: дунейм и къэхъукъащIэхэм зэрызахъуэжынур, жэщым зэманыр, илъэсым гъэр здынэсар абыхэмкIэ къащIэ; здэщыIэ щIыпIэр вагъуэхэмкIэ кърахутэ.

АдэкI и фыщыдогъэгъуазэ Къашыргъэ Назир зэхуихьэсыжа вагъуэхэм адыгэхэр зэреджэу щыта цIэхэм.

Ищхъэрэвагъуэ – Полярная звезда. Мыр Къащыкъ цIыкIум и кIым и кIапэм деж щыт вагъуэрщ. Ищхъэрэвагъуэм щхьэкIэ Вагъуэгъуазэ щыжаIи щыIэщ. Ар Ищхъэрэ полюсым и щыгум хуэзанщIэпсу уэгум итщ. Ищхъэрэвагъуэр уэгум щит щIыпIэм дунейм и джэлэскIэ йоджэ. А вагъуэр и пIэм иту, адрейхэм ар къаухъуреихьу къыпфIощI. Уздэщыт щIыпIэм елъытауэ, Ищхъэрэвагъуэр здэщыIэу плъагъур зэщхьэщокI. Экваторым и гъунэгъуу ущыту укъеплъмэ, ар уолъагъу щIым и горизонтым тету, щIым и ищхъэрэ джэлэсым и гъунэгъуу ущытмэ уи щыгум занщIэу щхьэщыту, ди щIыпIэм уиту уеплъмэ - горизонтым теIэтыкIауэ уэгум иту. Полярнэ вагъуэм адыгэхэм Ищхъэрэвагъуэ зэрыфIащам урегъэгупсыс ахэр экваторым и гъунэгъуу щыпсэуауэ. Ищхъэрэвагъуэр уи гупэу уувмэ, уи ижьырабгъур къуэкIыпIэщ, уи сэмэгурабгъур къухьэпIэщ, уи гупэр ищхъэрэщ, уи щIыбыр ипщэщ. Север лъэныкъуэмкIэ къикIа цIыхум щхьэкIэ «къыдэкIуея» жаIэу щытащ. КъыдэкIуея псалъэм къегъэлъагъуэ северыр зэрыищхъэрэр, югыр зэрыипщэр. Мартым и 21-мрэ сентябрым и 23-мрэ дыгъэр къыщыщIэкIыр хуозэ къуэкIыпIэм, а махуэхэм дыгъэр щыкъухьэр - къухьэпIэрщ.

Шыхулъагъуэ - Млечный путь. Шыхулъагъуэр уолъагъур уафэр къабзэмэ, жэщыр мымазэгъуэнэхумэ - и теплъэр шэжыпсыфэу, и фэр шэхум хуэдэу пыкIауэ. Ар зэрышэжыпсыфэр аращ «млечный» (молочный) щIыфIащари. Шыхулъагъуэр къыпфIощI уафэ бгырыпхыу. Зы жэщ-махуэм къриубыдэу абы Ищхъэрэвагъуэр хъурейуэ зэ къекIухь. Шыхулъагъуэм жэщым зэманыр здынэсар къращIэрт, жэщ гъуэгурыкIуэхэм, зекIуэлIхэм я гъуэгур ираубзыхурт.

Нэхущвагъуэ – Венера. Мыр вагъуэкъанщ (планетэщ). Нэхущвагъуэр зи хъыбарегъащIэр и цIэм къыбжеIэ. Пщэдджыжь къэс, жэщыр нэхущ щыхъум, ар къуэкIыпIэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIокI. Нэхущвагъуэр къэпцIыхуну тыншщ, абы нэхъ ину плъагъу вагъуэхэм яхэткъым. Ар къыщIэкIа нэужь, мэкъумэшыщIэхэр лэжьакIуэ дэкIырт.

ДэжейгъалIэвагъуэ – Меркурий. Мыри вагъуэкъанщ. «ДэжейгъалIэ» псалъэм къокI жей ухуэзыгъалIэ жиIэу. Ар къыщIокI пщэдджыжь жейм и IэфIыгъуэм деж. Пщэдджыжь къэс ДэжейгъалIэвагъуэр уолъагъу вагъуэ плъыжь цIыкIуу, пщэдджыжь пшэкIэху-пшэкIэплъым хэту. Ар ябжт ЗекIуэтхьэу. ЗекIуэ гъуэгу техьэр щежьэр ЗекIуэтхьэр илъэгъуа нэужьт. ЖаIэрт ар зекIуэлIым и хъумакIуэу, зекIуэ Iуэхур къехъулIэныр абы елъытауэ.

ВагъуэкIэху – Комета. ВагъуэкIэхухэр куэд мэхъу. Ахэр уэгум ит пкъыгъуэхэщ. ВагъуэкIэхухэр я пIэм иткъым. Ахэр зэрыкIуэну гъуэгур зыубзыхур дыгъэрщ. ВагъуэкIэхум и теплъэр зыхуэдэр къыбжеIэ езы псалъэм. Ар щыкIуэкIэ нур гуэрхэр къыхеху, а къыхихум къызэринэкI уэгур егъэнэху. Зэман-зэманкIэрэ ар дыгъэм гъунэгъуу йокIуалIэ, дыгъэм пэгъунэгъу хъуа нэужьщ ар зэрыкIэхур щыплъагъури. ВагъуэкIэхур угъурсызу, мыхъумыщIагъ куэд цIыхум къыхуихьу ягъэхъыбару щытащ.

Вагъуэиж – Метеор, падающая звезда. Вагъуэиж псалъэм къыбгурегъаIуэ а цIэр зыфIащам и шыфэлIыфэр. Вагъуэижхэр куэд мэхъу. Ахэр уэгум псынщIэ дыдэу къыщызыкIухь пкъыгъуэ цIыкIущ, щIым и атмосферэм къыщыси щыIэщ. Абы щыгъуэм ар къолыдри, хьэуам хесхьэ. Апхуэдэу къэлыда вагъуэижыр жэщым уолъагъу. Вагъуэижым ехьэлIа шыпсэ Iэджэ къокIуэкI. Абыхэм ящыщ зым мыпхуэдэу жеIэ. Iиблис уафэм дэкIуеину яужь ихьэмэ, ар уафэм дримыгъэкIуеину Алыхьыр абы вагъуэкIэ къоуэри къреудых. Вагъуэижыр къалъытэрт Алыхьыр Iиблис къызэреуа вагъуэрауэ. Ижь-ижьыж зэманым адыгэхэми я гугъэу щытащ цIыху къэс езым и вагъуэ иIэу. ЦIыхур къыщалъхум ар къыдалъхуу, лIа нэужь и вагъуэр ижу. Вагъуэиж ялъэгъуамэ, къафIэщIырт зыгуэр дунейм ехыжауэ, цIыхум и дунеягъэри и псэуныгъэри и вагъуэм ирапхырт.

Вагъуэабрэдж – Новая звезда. Вагъуэабрэдж псалъэм къыбжеIэ вагъуэхэм абрэджым хуэдэу зызыгъэпщкIу зэрахэтыр. Пэж дыдэуи, сытым щыгъуи умылъагъу вагъуэ уафэм къыщиувэ, къиува нэужьи куэд дэмыкIыу щыкIуэдыж щыIэщ. Апхуэдэм ВагъуэабрэджкIэ йоджэ. Вагъуэабрэдж ялъагъумэ, цIыхухэр пIейтейрт. ЖаIэрт ар абрэдж къежьэным и нэщэнэу.

Вагъуэкъан – Вагъуэкъану ябж Марс, Юпитер, Сатурн планетэхэр. А цIэм къыбгурегъаIуэ къаным хуащIым хуэдэ пщIэ зиIэ вагъуэхэми зэрахэтыр. Марсыр, Юпитерыр, Сатурныр ящыщщ нэхъ наIуэ дыдэу тлъагъухэм. Вагъуэкъанхэр адыгэхэм насып къызыдэкIуэу ябж.

Ахъшэмвагъуэ, Хэщхьэжвагъуэ – Пщыхьэщхьэм уафэм япэ къитIысхьэ вагъуэм АхъшэмвагъуэкIэ йоджэ, етIуанэм - ХэщхьэжвагъуэкIэ. Пщыхьэщхьэм уафэм япэ къитIысхьэхэм ящыщщ Марс, Юпитер, Сатурн вагъуэкъанхэр, къызэрыгуэкI вагъуэхэу Сириусыр, Вегэр, Арктурыр, Капеллэр; Альфэ, Бетэ вагъуэ гупхэм щыщхэр. Муслъымэн диныр зезыхьэхэм я еплIанэ нэмэзым зэреджэр ахъшэмщ. Ахъшэм нэмэзыр щащIыр Ахъшэмвагъуэр къыщIэкIа нэужьщ. Хэщхьэжвагъуэр къыщIэкIа нэужь, махуэм зэрынэщIын хуей зэманыр иухауэ ягъэувырт.

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица. Вагъуэзэшибл псалъэм къыбгурегъаIуэ ар вагъуиблу зэрызэхэтыр. А вагъуиблым къыпщагъэхъу шынакъжьей теплъэ зиIэ сурэт плъагъуу, абы къыхэкIкIэ адыгэр абы ВагъуэкъащыкъкIи еджэрт.

Вагъуэгущэ – Кассиопее вагъуэ гупым щыщ вагъуитхущ. Абыхэм гущэм ещхь сурэт къахэпщIыкI мэхъу, аращ Вагъуэгущэ щIыфIащар. Вагъуэ гупхэу Вагъуэзэшиблыр, Вагъуэкъащыкъыр, Вагъуэгущэр зэи щIым и Ищхъэрэ джэлэсым пэIэщIэ хъуркъым. А вагъуэ гупхэр сыт хуэдэ зэмани ди щIыпIэм щыболъагъу. Вагъуэ сыхьэтыр абыхэм тещIыхьауэ ягъэпсырт.

Вагъуэзэшиблым, Вагъуэгущэм, Ищхъэрэвагъуэм гъатхэпэм  и 21-м, мэкъуауэгъуэм и 21-м, фок1адэм и 23-м, дыгъэгъазэм и 22-м уафэм уазэрыщыIуплъэр зэхуэдэтэкъым. Гъатхэпэм и 21-м дыгъэр Западная Рыбэм и щIагъым щIэтщ; ар щIым и экваторым и щыгум и занщIэу (вертикальнэу) уэгум итщ; дыгъэр къуэкIыпIэм къыщыщIокI, къухьэпIэм щыкъуохьэ; дыгъэм къыбгъэдэкIыу щIым и экваторым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмрэ и ипщэрабгъу лъэныкъуэмрэ зэхуэдиз нэхурэ хуабэрэ къабгъэдохьэ; жэщымрэ махуэмрэ зэхуэдизщ; дыгъэм теухуа илъэсми вагъуэхэм ятеухуа илъэсми я къыщIэдзапIэщ; гъэрэ щIырэ щызэхэкI жэщ-махуэщ, щIымахуэр щиух, гъатхэм щыщIидзэ жэщ-махуэщ; дыгъэр щIым и экваторым и ипщэрабгъу лъэныкъуэм къикIыу и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм щыкIуэ зэманщ.

Мэкъуауэгъуэм и 21-м дыгъэр щIэтщ Близнец вагъуэ гупым и щIагъым; дыгъэр нос ищхъэрэ тропикым (къэгъэшыпIэм); махуэм и кIыхьыгъуэщ, жэщым и кIэщIыгъуэщ; ищхъэрэкIэ кIуэуэ щыта дыгъэм къегъэзэж ипщэкIэ кIуэуэ; астрономием тегъэпсыхьа гъэмахуэм и къыщIэдзапIэщ, дыгъэ зэманымрэ вагъуэ зэманымрэ сыхьэти 6-кIэ зэщхьэщокI.

ФэкIадэм и 23-м дыгъэр Девэ вагъуэ гупым и щIагъым щIэтщ; экваторым и щыгум и занщIэу (вертикальнэу) уэгум итщ; дыгъэр къуэкIыпIэм къыщыщIокI, къухьэпIэм щыкъуохьэж; дыгъэм къыбгъэдэкIыу экваторым и ипщэрабгъу лъэныкъуэмрэ и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмрэ зэхуэдиз нэхурэ хуабэрэ бгъэдохьэ; дыгъэм тещIыхьауэ бжьыхьэм щIедзэ; дыгъэ зэманымрэ вагъуэ зэманымрэ сыхьэт 12-кIэ зэщхьэщокI.

Дыгъэгъазэм и 22-м дыгъэр Стрелец вагъуэ гупым и щIагъым щIэтщ; ар нос ипщэ тропикым (къэгъэшыпIэм); махуэм и кIэщIыгъуэ, жэщым и кIыхьыгъуэ дыдэщ; ипщэкIэ кIуэуэ щыта дыгъэм къегъэзэжри, ищхъэрэкIэ кIуэн щIедзэ; астрономиемкIэ щIымахуэм и къыщIэдзапIэщ, дыгъэ зэманымрэ вагъуэ зэманымрэ сыхьэт 18-кIэ зэщхьэщокI. ИщхьэмкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, дыгъэ зэманыр махуэ къэс вагъуэ зэманым щхьэщыкIыурэ макIуэ. А тIур гъатхэпэм и 21-м зытохуэж. Гъатхэпэм и 21-м аргуэру щIедзэж вагъуэ зэманыр дыгъэ зэманым щхьэщыкIыу. А махуэр илъэсыщIэм и щIэдзапIэу къалъытэрт.

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)