АДЫГЭ УАФЭМ И ХЪУГЪУЭФIЫГЪУЭХЭР

Ди лъэпкъым сытым дежи къыдекIуэкI хабзэ дахэм къыдэкIуэу, езыхэм я хьэл-щэн, дуней еплъыкIэ, акъыл жан яIэу щытащ. Дунейм и къэхъугъэ зэхуэмыдэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырти, къызыхэкIамрэ къызэрыщхьэпэнымрэ акъыл хэлъу зэхагъэкIыфырт.

Къапщтэмэ, пасэрей адыгэхэм вагъуэхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр хуаIэу щытащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, уэгум ита вагъуэхэм езыхэм цIэ зэрыфIащыжам къегъэлъагъуэ адыгэхэм я гъащIэм абыхэм увыпIэ гуэр щаIэу зэрыщытар. Къашыргъэ Назир зэхуихьэсыжащ вагъуэцIэхэр. ГурыIуэгъуэщ ахэр лъэпкъыжьхэм ящыщ адыгэхэм я астрономием и зы Iыхьэ мащIэ фIэкIа зэрымыхъур. «ЦIыхур къызэригъэщIрэ уафэм дэплъейуэ къокIуэкI. Ар дэзыхьэхыр абы и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ уэгум ит дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я щытыпIэр, щытыкIэр езым и гъащIэм куэду къыщегъэсэбэп. Ди лъэпкъым и блэкIар тхыдэр зыджхэм нэхъыбэу къыщалъыхъуэ IуэрыIуатэм, археологием, пасэрей дэфтэрхэм», - жеIэ Назир.

Ауэ езым къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъым и къекIуэкIыкIар тэмэму бубзыхун щхьэкIэ, уэгум ехьэлIауэ абы иIа щIэныгъэр къэхутэжауэ, ари къэгъэсэбэпыпхъэщ. ГъэщIэгъуэн дыдэращи, адыгэцIэ зиIэ вагъуэ гупхэм (созвездиехэм) я нэхъыбапIэр экваторым и щыгум итщ: Вагъуэдамэкъуэгурыгъ, Вагъуэур, Вагъуэшабзэ, Вагъуэбаш, Вагъуэдамэкъуэ, ВагъуэхьэлыIэ, Вагъуэщыгъэ, Вагъуэбэ, Вагъуэсокурэ, ВагъуэкIапсэ, Вагъуэкъан, Дэжыгвагъуэ, Вагъуэгублащхьэдэсэ, Вагъуэпхъэщку, Вагъуэщэлъахъэ, Журтыр хьэм езыгъэшха вагъуэ, Зи анэр дыщэ джэдыгукIэ зыхъуэжа вагъуэ, нэгъуэщIхэри.

Дыгъэмрэ Мазэмрэ щынэмыщIауэ, уэгум ит псоми адыгэр вагъуэщ зэреджэр, ауэ зищIысыр зэхегъэкI: планетэр - вагъуэкъанщ, кометэр - вагъуэкIэхущ, метеорхэр – вагъуэижщ.

Псалъэм щхьэкIэ, нэхъыбэрэ илъагъу, къигъэсэбэп Венерэ планетэм Нэхущвагъуэ фIищащ, Меркурийм папщIэ ДэжейгъалIэ вагъуэ жеIэ. Сэ къысщохъу хьэрыпхэмрэ алыджхэмрэ уэгум ит пкъыгъуэхэр зэхагъэкIын ипэжкIэ адыгэхэм абыхэм цIэ фIащауэ. Адыгэхэм дыгъэмрэ мазэмрэ нэхъ пщIэ зыхуащI уэгум иткъым.

Дыгъэр астрономхэм ику ит вагъуэу къалъытэ. Ар щIым нэхърэ хуэдэ мин 333-кIэ нэхъ хьэлъэщ. Абы и щIыIум градус 6000 и пщтырагъщ, и кIуэцIым и температурэр градус мелуан I3 мэхъу. Дыгъэм зэрегъакIуэ дызытес щIыри, вагъуэкъанхэри, вагъуэкIэхухэри. А псоми я гъуэгур аращ зыубзыхур. Ди дунейм и къэхъукъащIэхэм я нэхъыбэри аращ зи Iэужьыр. Дыгъэм илъэс меларди 4,7-5 и ныбжьу хуагъэфащэ. Абы и кIуэцIым щекIуэкI термоядернэ (пIэщIрур) реакцэр зэгуэр иухынущ, и къарур кIуэщIынурэ дэпым хуэдэу плъыжьышхуэ хъунущ, нэхуи хуаби имыIэж хъуа нэужь, къэуэнурэ дунейр къутэжынущ. Ар къыщыхъуну еджагъэшхуэхэм хуагъэфащэр илъэс меларди 5 хуэдиз дэкIа нэужьщ.

Иджыри зы бжыгъэ. Дыгъэмрэ щIымрэ километр мелуани 149,5-рэ я зэпэжыжьагъщ, абы и нурыр ди деж дакъикъи 8-кIэ къос. Мазэр нэхъ тпэгъунэгъу дыдэ пкъыгъуэщ. Ар ЩIым нэхърэ нэхъ цIыкIущ хуэдэ 44-кIэ, и хьэлъагъри хуэдэ 8I-кIэ нэхъ мащIэщ. Абырэ ЩIымрэ я зэпэжыжьагъщ километр мин 384400-рэ. Мазэм хьэуа, псы щыIэкъым, ари и пIэ иткъым.

Муслъымэн махуэбжыр мазэм тещIыхьащ. Тенджызым зэрызиIэтри (прилив) зэретIысэхыжри (отлив) абы епхащ. Ауэ ар езыр зезыгъакIуэр, зэрыкIуэну гъуэгур зыубзыхур Мазэращ. Ипщэ (юг) лъэныкъуэмкIэ щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ лъэпкъми мазэм щIыхьышхуэ хуещI. МазэщIэ къэунэхуамэ, тхьэ йолъэIухэр угъурлы яхуэхъуну, абы узыншагъэ, гуфIэгъуэ, насып, нэмыс къахудэкIуэну. Къыщыхъу щыIэт, мазэщIэ къэунэхуамэ, зыщIэхъуэпс хьэпшыпым, Iэщым хуэдэ къаритыну абы елъэIуу.

«Тхьэуэ мор зи мазэ, жысIар пэжкIэ», - жиIэу адыгэм тхьэрыIуэ диIащ. ЦIыхубзым и дахагъэр къагъэлъэгъуэнумэ, «мазэм и нурыр къыщхьэщех» жаIэрт. Хъыджэбзым щхьэгъусэ хуэхъунур къищIэн мурад иIэу джэш идзынумэ е гъуджэиплъэ ищIынумэ, ар мазэм и изыгъуэ жэщ мазэгъуэм хуигъазэрти, мазэм еплъурэ, абы елъэIурт джэш идзым и щхьэгъусэ хъунур къригъэкIыну, щхьэгъусэ хуэхъунур къригъэхьэу гъуджэм къригъэщыну.

ФIыуэ зэрылъагъуитIыр зэман гуэркIэ зэпэIэщIэ хъумэ, зэжраIэу щытащ: «Уигу сыкъэкIмэ, си фэ иуплъу мазэм еплъ». Дунейм щыIэну къэхъукъащIэхэр, зэхъуэкIыныгъэхэр мазэщIэ къэунэхуам и теплъэмкIэ къащIэрт. Абы и къуапитIыр дэгъэзеяуэ, пэгун фIэбдзэмэ къыфIэмыхуну щытмэ, уэгъу мазэщ; мазэщIэ къэунэхуам и къуапитIыр егъэзыхауэ, пэгун фIэбдзар къыфIэхужыну щытмэ, уэлбанэ мазэщ, жаIэрт. Мазэр къыщыунэхуа махуэхэм къэкIыгъэм щIым къыхиш шхыныгъуэр абы и лъабжьэм нэхъ къэнэжу, ар из щыхъуам къэкIыгъэм и пкъымрэ щхьэкIэмрэ нэхъ кIуэуэ къалъытэрт. А псор цIыхухэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпырт.

Куэдрэ къохъу дыгъэр, мазэр иубыду (затмение). Апхуэдэхэм деж цIыхухэр гужьеяуэ, зэрыгъэкIийуэ уэрамым къыдыхьэрт. Я гугъэт дыгъэр, мазэр благъуэм иубыду, ахэр кърагъэутIыпщыжын щхьэкIэ Алыхьым елъэIухэрт, благъуэр ягъэшынэн хьисэпкIэ, уафэм фочкIэ дэуейрт, макъ ин ирагъэщIу Iэуэлъауэшхуэ къаIэтырт.

Сыт хуэдэ зэманми, мазэм дыщеплъкIэ, дэ тлъагъур абы и зы джабэ лъэныкъуэрщ. Мазэ из хъуам и теплъэм зэи зимыхъуэжу щIэтлъагъури аращ. Адыгэхэр къогъуэгурыкIуэ а дэ тлъагъу мазэ джабэм мэл, мэлыхъуэ, мэлыхъуэ баш тету жаIэу. Ауэ фIэщ щIыгъуейщ ди деж мазэм сурэту мэли, мэлыхъуи, мэлыхъуэ баши «щрагъэувауэ», сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди щIыпIэм мэлри, мэлыхъуэри, мэлыхъуэ башри мазэм зыкIи щепхакъым. НтIэ, дэнэу пIэрэ адыгэхэм а сурэтхэр къыщагупсысар? Ипщэ (юг) лъэныкъуэмкIэ щыпсэу Iэщыхъуэхэм махуэм нэхърэ жэщым пщIэ нэхъ хуащI. Абыхэм зэманыр зэрабжыр жэщ бжыгъэкIэщ. ЩIыпIитIым я зэпэжыжьагъыр къызэралъытэри а тIум яку дэлъыр пкIун щхьэкIэ гъуэгу узэрытетын хуей жэщ бжыгъэрщ.

Абыхэм махуэм и хуабэгъуэм Iэщыр жьауапIэм щаIыгъщ, дунейм и щIыIэтыIэгъуэ пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ ягъэхъуакIуэ. Зы щIыпIэм кърагъэIэпхъукIыу нэгъуэщI щIыпIэ мэлхэр щахур жэщ мазэ нэху дахэрщ. Гу лъытапхъэщ ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу лъэпкъхэм мазэри мэлри нэхъ хэIэтыкIауэ ягъэлъапIэхэм зэращыщыр. ИкIи хуэбгъэфащэ хъунущ мазэм мэл, мэлыхъуэ, мэлыхъуэ баш «щытрагъэувар» ипщэ лъэныкъуэрауэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мэлым теухуауэ а лъэныкъуэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм и нэхъыбапIэр абы епхащ.

Адыгэхэм мазэм псэущхьэ гуэр ирагъэувэн хуей хъуатэмэ, ирагъэувэнур, шэч хэмылъу, шыт. Адыгэ хъыбархэм, адыгэ таурыхъхэм ауэ сытми къыхэхуэркъым шыр цIыхум къепсалъэу, чэнджэщэгъу къыхуэхъуу, гузэвэгъуэ ихуа цIыхум ищIэн хуейр къыжриIэу. Ар адыгэхэм я деж шым пщIэуэ щиIэм и зы лъэныкъуэ закъуэщ.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.