Статьи на кабардинском языке

УЗЫНШАГЪЭР НЭХЪАПЭЩ

Дунейр зэщIэзыщта коронавирус узыфэм пэщIэтыным икIи абы земыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ Тыжьей (Кыщпэк) къуажэм дэт КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм иджыб­лагъэ щекIуэкIащ.

НАЛО АХЬМЭДХЪАН ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьэу Хэку зауэшхуэм хэта Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум теухуа пшыхь гукъинэж. Ар ирагъэ­кIуэ­кIащ лъэпкъ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахь­мэд­рэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

ГЪЭМ И КIЫХЬАГЪКIЭ УРИПЛЪЭЖМЭ

«ПсэупIэхэмрэ къалэ зэIузэпэщыгъэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу Бахъсэн къалэм зыхуей щы­хуагъэзащ Лениным и проспектымрэ Революцион-        нэ уэрамымрэ тет фэтэрхэм я бжэIупэхэмрэ щIыпIэ администрацэм и хъуреягъымрэ.

ЩIАЛИПЛIМИ ТЕКIУЭНЫГЪЭ КЪЫТХУАХЬ

Краснодар къалэм щекIуэкIащ АСА 134 хабзэ пыухыкIа зимыIэ зэзауэхэмкIэ ­дунейпсо зэхьэзэхуэ. Пшыхьым хиубыдэу щыIа зэIущIэ 11-м нэхъыщхьэу къыщалъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Багъ Алийрэ Новокузнецк къикIа Кошкин Андрейрэ я зэпэщIэтыныгъэр.

ДЫГЪЭМ ЗЕГЪАЗЭ

Астрономхэм къызэрабжамкIэ, 2021 гъэм Дыгъэм зыщигъазэ пIа­лъэр дызэрыт мазэм и 21-м, пщы­хьэщхьэм сыхьэт 18-рэ да­къикъэ 58-м тохуэ (Москва къы­зэрыщабж зэманымкIэ). Ауэ щыхъукIи, дыгъэгъазэм и 20-м икIыу и 21-м хуэкIуэ жэщыр, илъэс псом зэрыщекIуэкIым елъы­­тауэ, абдежым щынэхъ кIыхь дыдэщ, къыкIэлъыкIуэ махуэр зэры­щынэхъ кIэщIым къы­дэкIуэу.

ЭНЕРГЕТИКЭМ И МАХУЭ

Дызэрыщыгъуазэщи, электроэнергетикэм ди гъащIэм къалэнышхуэхэр щегъэзащIэ. Сыту жыпIэмэ, жылагъуэ экономикэр зыхуэдэнур абы и щытыкIэм, и зыужьыкIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ.

ГЪЭЗЭЩIАКIУЭ ГУПЫМ Я ЯПЭ ЗЭХУЭС

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэм щIэуэ хахыжа тхьэмадэмрэ Гъэ­зэщIакIуэ гупымрэ я япэ зэIущIэр иджыблагъэ ­Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м, ­КъШР-м, АР-м, Ставрополь,­ Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щылажьэ хасэ къудамэхэм, Тыркум, Сирием, Ливаным, Иорданием, Европэм хыхьэ къэралхэм я хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.

ЕЗЫХЭМ ЗЫКЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Налшык къалэ дэт «Син­ди­ка» хьэщIэщым ще­кIуэ­кIащ «Бизнес-старт-2021» зыфIаща щIыналъэ зэ­хуаку форумыр.

МИНИСТРЫМ ИРЕГЪЭБЛАГЪЭ

КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щригъэблэгъащ республикэм ММА спорт лIэужьыгъуэм нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ щызиIэ Мырзэкъан Азэмэт.

КЪРУ ГЪУАБЖЭ

Ар щхъуафэщ. И щхьэ щIыбым IэпапIэ плъыжьхэр хэсщ. И лъакъуэхэр фIыцIэщ. Я нэхъыбэм щIэжьей цIыкIухэр Кавказ ЩIыбым къыщраш, иныкъуэхэми а лъэныкъуэмкIэ щIымахуэр щрах. Кавказ Ищхъэрэм куэду ущрохьэлIэ, и тафэ, бгылъэ щIыпIэхэм гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щагъакIуэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке