ХЬЭЩIЭМ ТЕУХУАУЭ

Хабзэ

Къуажэм ящыщ зыгуэрым щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, жылэм джэгу е нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэ гуэр щыIэмэ, абы яшэрт. ХьэщIэр ирагъэблагъэрти, гуп зэхэс здэщыIэм щIашэрт. Ирагъафэ-ирагъашхэрт, къыщIашыжырти джэгум Iуашэрт.
А унагъуэм нэхъ и гъунэгъуу щыт хъыджэбзхэм фадэбжьэ къыхуахьырт. Джэгум хэтхэм хэгъэрей зыкъыхуащIырт, нэжэгужэу къыбгъурыувэхэрт.
ХьэщIэм и гупэмкIэ цIыху къэуву джэгум Iут нэхъыжьхэм ядэртэкъым, «ХьэщIэр щIыбагъ умыщI!» - жаIэрти.
Ауэ нэхъыбэрэ къызэрыхъу хабзэти, щIалэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, къуажэм шыгукIэ хыхьэрти, хъыджэбзхэр, я адэ-анэм елъэIуурэ, къыхашырти, джэгу хуащIырт. Хъыджэбзхэр епIэщIэкIыу къыхашу зылъагъу щIалэхэр епIэщIэкIыу, езыр-езыру къызэхуэсхэрт.
Iуэхур къызэрагъэпэщыху, щIалэ хьэщIэм Iэнэ къыхуащтэрт. Хуэмурэ щIалэхэр къызэхуэсырти, джэгур зэхаублэрт. Зызэман хьэщIэри къыщIашырт. «ХьэщIэ щыIэщ, фытекIуэт!» - жаIэрти, джэгум Iутхэр зэлъыIукIуэтырт. ЩIалэхэр къэкIуатэрти, фIэхъус кърахырт, зыхуэфащэхэри къыбгъэдэувэрт. Утыкур инт, щIалэхэр зы лъэныкъуэмкIэ, хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щызэхэтт. Джэгур езыгъэкIуэкIым къэфэнуми, пшынэ зэхъуэкIын, Iэгу еуэн хуейми я унафэ ещI.
ХьэщIэр къыщыфэкIэ пшынэри Iэгури щIагъэхуабжьэрт, нэмыс хуащIу. ХьэщIэр къыщыфэнум, «фыкъыдэмыж, хьэщIэ щыIэщ!» - жаIэрти, адрейхэр утыку кърагъэхьэртэкъым. ХьэщIэр къыдашырт. Хъыджбзхэм ящыщу нэхъ дахэр, зэкIужыр е пшынауэр къыхудашырти, къыдагъафэрт. Хэгъэрейхэм ящыщ зыгуэркIэ утыку къихьауэ хьэщIэр къагъэфэну мурад ящIамэ, а къыдэкIам игъэзэжырти, и пIэ иувэжырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хьэщIэм пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэрт. 
Джэгум Iут хъыджэбзхэр Iэгу еуэртэкъым адыгэ хабзэмкIэ. Ауэ хьэщIэр къыщыфэкIэ хъыджэбзхэри Iэгу еуэрт, хьэщIэр ягъэлъапIэу.

*   *   *

Адыгэр хьэщIэкIэ зэрыфIым ещхьыркъабзэу, ерыскъыкIэ хьэлэлт, «си шыгъупIастэ цIыхум ишхарэт», - жиIэу апхуэдэт. Адыгэ лIыжьхэм я шхэгъуэр къыщысами, зыщагъэгувэ щыIэт, «зыгуэр къыдыхьамэ, дызэдэшхэнт», - жаIэу.
Бысымыр и куэбжэпэм щыту, къуажэм къыдыхьа хьэщIэ гуэр блэкIыу сэлам къритамэ, фIэхъусыр къыIихырти, «еблагъэ, зодгъэгъэпсэхунщ, хьэщIэ утщIынщ, бысым уимыIэмэ!» - жриIэрт. Ар зыжриIа хьэщIэр, жэщым а къуажэм къыдэнэн хъурэ, бысым имыIэмэ, къигъэкIэрэхъуэжырти, еблагъэ къыжезыIам и деж щепсыхырт. Ар бысымым пщIэ къыхуащIауэ, щIыхьу къилъытэрт.
Адыгэ бысымыр хьэщIэм щихъуэжыр зэзэмызэххэт. Апхуэдэ къыщыхъуми, а хьэдыгъуэдахэр къуажэ псом зэлъащIысырт. Бысымым и дежкIэ ар напэтехт.
ХьэщIэм и дежкIи бысымхъуэж ищIыныр къекIуртэкъым. «Бысымхъуэж зыщIым чыцI ажэ хуаукI», - жаIэу псалъэжь щыIэщ. Бысымхъуэж зыщIа хьэщIэм чыцIыхъу хуаукIырт, «бысымхъуэж щыпщIакIэ аращ уэ пхуэфащэр», - жиIэу къикIыу.
«ХьэщIэр Алыхьым и хьэщIэщ, Алыхьым нэужькIэ дэ ди хьэщIэщ», «ХьэщIэр угъурлыщ, фIыгъуэ къыдокIуэ», - жаIэрти, яIэ псомкIи ягъэхьэщIэрт щыгуфIыкIыу.
 

Щоджэн Хьэзешэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.