ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭ IЭНАТIЭМ ЩЕКIУЭКI ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жылагъуэм дежк1э мыхьэнэ хэха зиIэ ухуэныгъэ инхэмкIэ штабым тхьэмахуэ къэс зэхишэ зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэпэщым, абы ехьэлIауэ зэхъулIэхэмрэ щыIэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ.

Лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ (проектхэмрэ) къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мы илъэсым унапIи 123-м епха ухуэныгъэхэр щокIуэкI. Абыхэм ящыщ куэдыр щIэуэ ягъэуву аращ, языныкъуэхэр зэрагъэпэщыж, щIэрыщIэу къыдращIеижхэри яхэтщ. УхуэныгъэщIэхэм щыщ зыкъомри яутIыпщащ. Илъэсым и кIэ пщIондэ унапIэ 11-м епха ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыу яутIыпщыну я гугъэщ. Iуэхухэр къызэрызэпэщ щIыкIэм къулыкъущIэхэм я нэIэ зэпымычу трагъэт, махуэм кърикIуам а махуэ дыдэм тепсэлъыхьыжу пэIудзауэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI.

Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м ухуэныгъэ IуэхухэмкIэ и министр Бэрбэч Алим сымэ. Штабым и зэIущIэм къыщыхалъхьа псалъэмакъыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм епха ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIырщ. Дызэрыт илъэсым и кIэ пщIондэ еджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр Куба (Хьэсэнбийкъуажэ), Прохладнэ (КъалэкIыхьым), Нарткъалэ дащIыхь еджапIищым щызэтраублэну я гугъэщ. Псори зэхэту еджапIэщIэхэм сабий 1785-рэ хуэдиз щIэхуэнущ. Егъэджэныгъэр щекIуэкI IуэхущIапIэхэр ухуэным икIи зэгъэпэщыжыным текIуадэ сомыр УФ-м къыщащта «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм къыхокI. Апхуэдэу Куба дэт курыт еджапIэ №1-м зы къудамэ къыпащIыхь. Прохладнэм щаухуэ еджапIэщIэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зы IуэхущIапIи щызэрагъэпэщыж. Нарткъалэ дащIыхь еджапIэ унэщIэм къыдэкIуэу, егъэджэныгъэ лэжьыгъэр щекIуэкI IуэхущIапIиплIым зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр щокIуэкI. КъулыкъущIэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, 2023 гъэм Нарткъалэ иджыри зы еджапIэ щаухуэну я гугъэщ.

КъБР-м ухуэныгъэ IуэхухэмкIэ и министр Бэрбэч Алим зэрыжиIамкIэ, еджапIэхэр зэрызэрагъэпэщыж щ1ык1эм зэпымычу кIэлъоплъ, я нэIэ трагъэкIыркъым. «Зэгъэпэщыжын хуейхэм къызэщIаубыдэ еджапIэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэкIыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щIэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIэшэжыныр, унэ кIуэцI блынхэр зехьэныр. Абы къыдэкIуэу къытпэщылъщ еджапIэр зыдэтыну пщIантIэ кIуэцIри зыхуей хуэгъэзэныр. Ди гугъэщ жыг хадэ мыинхэр дгъэтIысыну, уэздыгъэ пкъохэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ дгъэувыну», – къыхигъэщащ министрым.

Псори зэгъусэу 2023 - 2024 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ 15 щаухуэну, еджапIэ 40-м нэблагъэ щызэрагъэпэщыжыну я гугъэщ.

«Зэи къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджэныгъэ IэнатIэм иджыпсту лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Апхуэдиз лэжьыгъэр я фIагъкIэ зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ щытын хуейщ. Ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIыр зи нэIэ щIэтын хуейр къэрал къулыкъущIапIэм и закъуэкъым, атIэ абы кIэлъыплъыпхъэщ щIыпIэ унафэхэр щIыналъэхэм щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, апхуэдэ хуитыныгъэ яIэпхъэщ адэ-анэхэм, еджакIуэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм. Абы къищынэмыщIауэ, дэ иужь дитщ еджапIэхэр техникэ IэмэпсымэщIэхэмрэ унэлъащIэхэмкIэ къызэдгъэпэщыну. Абы хеубыдэ шхапIэхэри, джэгупIэхэри, лъэщапIэхэри, лабораториехэри. Информацием епха технологиещIэхэри Iэмал зэриIэкIэ хэтпщэнми дыхущIокъу. Абы щхьэкIэщ еджапIэхэм «ЗыужьыпIэ» («Точка роста») зи фIэщыгъэ центрхэр къыщIыщызэIутхыр, ди егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ курсхэр щIедгъэкIуэкIыр, зэхьэзэхуэхэмрэ зэпеуэхэмрэ къыщыхэжаныкIкIэ е я гъэсэнхэм текIуэныгъэхэр къыщахькIэ щIэдгъэлъапIэр. ЕдгъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрыщыту зы Iуэхугъуэм хуэунэтIащ – егъэджэныгъэ IэнатIэм и фIагъыр къэIэтын, ди щIэблэм гъащIэм пэджэж щIэныгъэрэ есэныгъэхэмрэ еттын хуейщ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.