ЭКОНОМИСТЫМ И МАХУЭ

Экономистым и махуэр мы гъэм щэкIуэгъуэм и II-м щагъэлъапIэ Урысей Федерацэм. 
А IэнатIэм гулъытэ хэха хуащI щыхъуар I9I7 гъэм къыщыщIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ къэралыгъуэщIэм ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къыщызэрагъэпэщауэ щытари. 
 «Экономика» - мыр алыдж псалъэщ, къикIыу трагъахуэри «унагъуэр тэмэму зехьэн» жыхуиIэрщ. А жыIэкIэр япэ дыдэу къагъэсэбэпын щыщIадзауэ хуагъэфащэр ди эрэм ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэрщ. Лъэхъэнэ жыжьэхэм псэуахэм, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, унагъуэр зехьэным, къедза лъапсэр зыхуей хуэгъэзэным мыхьэнэ ин дыдэ ирату щытащ. 
Ауэрэ, цIыхухэм нэгъуэщI къалэнхэри зыхуагъэувыжу, ахэр зэгъэхъулIэным пыщIа Iэмалхэми лъыхъуэу щIадзащ. Апхуэдэу, XVI лIэщIыгъуэр здекIуэкIым, Европэм щыIэ къэралхэм къыщыунэхуащ экономикэм щыхуагъасэ еджапIэ зыбжанэ. Илъэсищэхэр блэкIри, цIыхубэ хозяйствэм зыкъыщиIэтащ, псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм зыщаужьу щIадзащ, производствэмрэ хьэрычэтымрэ щызэтеуващ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, мы махуэр зэдагъэлъапIэ хьэпшыпрэ ерыскъыхэкIрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм, ахъшэ хъумапIэхэм, уней, къэрал зэгухьэныгъэхэм къагъэсэбэп мылъкур зэкIэлъыгъэкIуэн-зэгъэзэхуэныр зи пщэ дэлъ лэжьакIуэхэм, экономикэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсхэмрэ а Iуэхум ахэр хуезыгъасэхэмрэ, властым щыщу къэралым зи гугъу тщIы и унэтIыныгъэм кIэлъыплъхэм, нэгъуэщIхэми. 
Мы махуэм ирагъэкIуэкI зэIущIэхэм зи IэнатIэм нэхъ къыщыхэжаныкIахэр щагъэпажэ, щIыхь тхылъхэмрэ дипломхэмкIэ ягъэгуфIэ, IуэхущIапIэхэм семинархэр, мастер-классхэр, дерс щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщ. 
Къыхэгъэщыпхъэр аращи, УФ-м и экономикэ жылагъуэм дежкIэ пщIэ нэхъ зиIэу къалъытэр гъэ къэс ят хабзэ, Урысейпсо жылагъуэ тыгъэу «Гъэм и экономист» зи фIэщыгъэмрэ абы дыщIыгъу дамыгъэмрэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.