ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЗЭФIЭКIХЭР ЗЭПАЛЪЫТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэ­жьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий. ЗэIущIэм щы­хэплъащ республикэм щы­Iэ социально-экономикэ щы­тыкIэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дзэ ­опе­рацэ хэхар щрагъэкIуэкI щIы­пIэм зи къалэнхэр щы­зы­гъэзащIэ зауэлIхэм зэра­дэIэпыкъу щIыкIэм.

КIуэкIуэ Казбек полномочнэ лIыкIуэр щыгъуазэ ищIащ мобилизацэм ипкъ иткIэ республикэм щыщу дэкIахэм я деж иджыблагъэ зэрыщыIам, ап­хуэдэу дзэм хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъу щIыкIэм. Нэхъ япэкIэ республикэм и Iэтащхьэм къыдигъэкIащ абыхэм мазэ къэс сом мин ­25-рэ етыным теухуа указ. ЗауэлIхэм щIэх-щIэхыурэ техникэ зэмылIэужьыгъуэхэр, медицинэ Iэмэпсымэхэмрэ хущ­хъуэ­хэмрэ, щыгъынхэр, нэгъуэщI зыхуеину хьэпшыпхэр хурагъашэ. Муниципалитетхэр мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм ягъэкIуа­хэм я унагъуэхэм ядоIэпыкъу, абыхэм щхьэщах цIыкIухэр сабий садхэм зэрагъакIуэм папщIэ ятын хуей ахъшэр. А псоми къадэкIуэу республикэм жыджэру щолажьэ «Дэ ды­зэщIыгъущ» зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ штабыр. Абыи нэIэ тетщ ди цIыхухэм къабгъэдэкI дэIэпыкъуныгъэхэр зэрытра­гуашэр. «Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэм щIалэгъуалэр, жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ­лIы­кIуэхэр, волонтёрхэр жы­джэ­ру хэтщ»,-къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и унафэ­щIым.
ЛIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и инвестицэ зыу­жьыныгъэм хиубыдэ Iуэху­хэм. Хэхауэ къагъэлъэгъуащ ха­дэхэкIхэр гъэ­кIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щынэхъ ин дыдэу щытыну комплекс Шэ­джэм районым зэрыщащIыр. Абы и фIыгъэкIэ лэ­жьыгъэ ­IэнатIэкIэ къы­зэ­рагъэ­пэщынущ цIыху 1500-рэ хуэдиз. Мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектщ Тырныауз ­къалэм вольфрам-молибден руда ­къы­щыщIэхыныр зэ­те­гъэу­вэ­жын­ри. Абы пыщIа ­лэ­жьыгъэ­хэр ягъэбелджыла ­пIалъэм ­йокIуэкI.
ЗэIущIэм апхуэдэу щытеп­сэлъыхьащ щIыналъэм и экономикэм зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ индустриальнэ (промышленнэ) паркхэмрэ технопаркхэмрэ ухуэным мы­хьэнэшхуэ зэриIэм. Хэхауэ къагъэлъэгъуащ промышленность псынщIэм зегъэужьыным ­гу­­лъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр.
«Республикэм и экономикэм а и IэнатIэм куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым. ЩэкI зэIузыщэ про­мышленностым хиубыдэ урысей IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым къилъытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым бгъэдэлъ инвестицэ зэфIэкIхэр зэрыиныр икIи абы дыщIыгъуу дэ иджыпсту зэхыдолъхьэ IэнатIэм хиубыдэ предприятэ инхэр щызэ­тедгъэувэ хъуну индустриаль­нэ парк республикэм къызэ­ры­щызэдгъэпэщыну щIыкIэр. Ар Налшык и промышленнэ щIыналъэм щащIынущ. Зи гугъу сщIа компаниехэм ар яху­зэфIэкIыну къытщохъу,- жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм иужькIэ. - А инвестицэ проектыр промышленность псын­щIэм и предприятэхэр IэнатIэ лъэщу зэтегъэувэнымкIэ лъабжьэ быдэу къыдолъытэ. Абы папщIэ Iэмал псори щыIэщ. Иджыпсту дэрбзэр IэнатIэхэм цIыху мин 12-м нэс щолажьэ, апхуэдэу щыщыткIэ, дызы­хуеину IэщIагъэлIхэр диIэщ. Инвестицэ зэфIэкIхэм заужь зэ­пытщ къэралым зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм я заказхэм къазэрыхэхъуэм и хьэкъ­кIэ. Дэ диIэщ щэкIым, фэм къыхэщIыкIа щыгъын, вакъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къы­щIэзыгъэкI IуэхущIапIэ инхэр. Ягъэхьэзыр продукцэр лIэу­жьыгъуэ 30-м нос икIи абы­хэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. А псоми я щIыIужкIэ ди деж щолажьэ промышленность псынщIэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэ­хьэзыр еджапIэ. Нэхъ япэкIэ сэ Правительствэм хуэзгъэуващ ди щIыналъэм промышлен­ность псынщIэм зыщегъэу­жьыным ехьэлIа Iуэхухэр зэпкърихыну. Мыбы и лъэныкъуэкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ индустриальнэ парк щхьэхуэ къызэгъэпэщынми».
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.04.2026 - 15:02

Парламент зэдэлэжьэныгъэм зрагъэужь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ гуп.

11.04.2026 - 09:03

ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.

10.04.2026 - 09:03

«Уэшхым и цIыху»

КъБР-м и Лъэпкъ музейм що­-кIуэкI «Уэшхым и цIыху» урысей­- псо фестивалым хыхьэу къызэ-рагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр.

10.04.2026 - 09:03

Чувашхэр ди хьэщIэщ

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджы­благъэ пшыхь гукъинэж ще­кIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэты­ныгъэм и илъэсу зэрагъэувам.

10.04.2026 - 09:03

Хашэ дуней телъыджэм

КъБКъУ-м Дунейпсо егъэ­джэныгъэмкIэ и школ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ Тыркуменистаным и щэнхабзэм и махуэ.