ГРОЗНЭ МЕДАЛИТI КЪРАХ

КъБР-м самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Уэщхъун СулътIан зэрыжиIамкIэ, Шэшэн республикэм и къалащхьэ Грознэм дэт «Олимпийский» уардэунэм дыгъэгъазэм и 12 – 14-хэм щекIуэкIащ КИФЩI-м самбэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ щIыналъэхэм къикIа спортсмен 200-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы медалитI щызыIэрагъэхьащ. Щоджэн Ислъам килограмм 88-рэ зи хьэлъагъхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. 
Зи хьэлъагъыр килограмм 98-м нэблагъэхэм я деж Бэджыдэ Сэфарбий жэз медаль къыщихьащ.
Спортсменхэм я гъэсакIуэхэщ Ким Руслан, ГъущIапщэ Самир, Бэджыдэ Рустам, Хъупсырджэн Резуан. Щоджэнымрэ Бэджыдэмрэ къахьа текIуэныгъэхэм я фIыгъэкIэ Iэмал ягъуэтащ 2023 гъэм и гъатхэпэм екIуэкIыну Урысей чемпионатым хэтыну.
 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.