ЖЬЫ IУБЫГЪУЭР ЩЫЗУ

ЩIыуэпсымрэ дахагъэмрэ

Сэ тIэкIу-тIэкIуурэ къэзгъэунэхуауэ губгъуэ кIыхьыжьу мэзыр къызыхуеплъыхым къыщызокIухь, Тумэ зыфIэсща унагъуэхьэр и нэхъыбэм си гъусэу.

АтIэ, арати, дыгъуасэ хуэдэм, дунейр уфарэ пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу, унэм сыщIэзэшыхь хъуат. СщIэн сымыгъуэту аратэкъым. Хьэуэ, сэ сытым дежи си унэ цIыкIум сыщIэсыфынущ, тIэкIу сыщыIэбэлъабэми, нэхъ сфIэгъэщIэгъуэну икIи сэбэп къысхуэхъуну къэслъытэ тхылъ гуэрхэм ярытыр зыгурызгъэIуэным яужь ситми.

АрщхьэкIэ, къохъу, пщIэнур умыщIэжу, Iэпкълъэпкъри щызэщIэнэ, гупсысэри щызэрынэ. ЩIыбым удыхьэу, пщIантIэм е хадэм ущыпэщэщэнути, узыпэрыхьэ Iуэхур и кIэм зэрыпхунэмыгъэсынуми дунейм и щытыкIэр зэрыхуэмыкIуэнуми узэхелъахъэ.

Апхуэдэхэм я деж нэхъ утезыгъэури уи щхьэм зезыгъэпсэхури, псори ебгъэтIылъэкIыу удэкIмэщ. Абы щыгъуэми, зыкъэсщтэжынщи, сыздэкIуэнур илъэс зыбжанэ хъуауэ згъэунэхуагъэххэщ.

«Ар дэнэ?» жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, здэзгъэзэнур хадапхэмкIэ гъунэгъубзэу къэлъагъуэ губгъуэмрэ ипщэкIэ абы къегъэщIылIа жыг хадэшхуэмрэщ. Иужьрейм, зэрабгынэжрэ куэд щIами, нобэр къыздэсми пхъэщхьэмыщхьэ бэв дэтхэнэми къыщрихьэлIэфынущ. АдэкIэ удэкIуэтеймэ, нэхъ гъунэгъу ухуэхъуу уи пащхьэ къихутэр мащIэ-мащIэу зыкъэзыIэту, уардэрэ щхъуантIабзэу Iэгъуэблагъэм къыпщхьэщыувэ Мэзылъэ шытхырщ. ЗыкъызэребгъэзэкIыжуи узыIуплъэр зезыукъуэдиеха къуэ цIыкIум, зэми кусэ бгъузэрэ мыдрейхэм я дежи хуэнэхъбгъуфIэу, зыIузыгуэша уней лъапсэ цIыкIухэу псэупIэ зыкъизыххэмкIэ гъэщIэрэщIахэрщ.

АтIэ, а псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжу сэ къысщыхъуар нэгъуазэм къыхуэубыд Iэхэлъахэм апхуэдиз дахагъэ зэритым зэуэзэпсэу гу лъызыта цIыхум а щIыпIэм зэрымыщIэкIэ сызэрыщрихьэлIарщ.

Зэрыхъуар аращи, ищхьэкIи къызэрыщыхэзгъэщауэ, хьэ лъэрызехьэ цIыкIур си гъусэу зи гугъу сщIы Iэгъуэблагъэм пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу дыщызэхэзекIуэрт...

Абдежым ирихьэлIэу, дунейр къызэфIэзэрыхьу зэрыщIидзам гу лъыттати, тIуми депIэщIэкIыу ди лъэхэр щIэдгъэкIырт, зи гугъу сщIа хадэшхуэм дыхыхьарэ ипщэкIэ къэлъагъуэ Мэзылъэ шытхым хуэкIуэ гъуэгумкIэ дыпхыкIыу.

Апхуэдэхэм деж, зыкъэзумысыжынщи, е дзапэ уэрэд къызош, е Тхыгъэ лъапIэхэм ярыт сатыр гуэрхэм гукIэ сыкъоджэ. КъызэрыслъытэмкIи, ари щIэщыгъуэщ, гукъыдэжи къозытщ.

Абы дыздыхэтым (хьэми сызыхищIэ нэхъей си япэ илъэдауэ ипщэкIэ дожей, фIыуэ сщхьэщыкIа иужьи зыкърегъэзэкIыж, зэкIэлъигъэпIащIэу. Апхуэдэ зэхэзекIуэкIэр мардэ тхуэхъуауэ дыздэплъэм, зэуэ гу лъыттащ дызделъэрышауэ гъуэгум, зэрытпэжыжьи щымыIэу, мэл гуп къызэрытехьэм.

Ар зищIысыр сэ сщIэрт: тпэмыжыжьэ къуэ цIыкIум дэсхэм ящыщу мэл гуартэ зыIыгъ щIалэхэм я мамыщыр жэщкIэрэ зыщIаубыдэ чэтхэм щIагъэхьэжыну яхужу арат, дунейр нэхъри къызэрызэщIэуфIыцIамрэ пшэ гуэрэнхэр къазэрыщхьэщыувамрэ гу лъатауэ.

Ар къызыгурыIуа сэ тэлайкIэ сызыщIэувыIыкIын хуей хъуащ, мэлхэр хьэм зэригъэщтэнум къыхэкIыу. СыкъыздикIа унэмкIи апхуэдэу псынщIэу згъэзэжыну сыхуейтэкъым. Ауэ къызгурыIуащ дэри, Тумэрэ сэрэ, къедгъэзэкIыжмэ зэрынэхъыфIыр. Хьэм сыкъеджэжат, езыр-езыру къызэригъэзэжынум сыщыгъуазэ пэтми (сыщимылъагъужхэм деж апхуэдэут зэрищIыр).

Арати, Iэмал щимыIэжым, хьэр джэгурэ сэ селъэбышауэу, дыкъекIуэтэхыжу щIэддзащ. Хадэшхуэм и зы къуапэ мэз кхъужьешхуэм дыкъэсыжарэ лъапсэхэмкIэ IукI гъуэгумкIэ зыщедгъэкIэрэхъуэкIым, машинэ гуэр лъэныкъуэ «лъагъуэмкIэ» къызэрытхуэкIуатэм гу лъыстат. Ауэ, итIани, уэшхми къызыпхидзу щIидзат, ныткIэлъыдэкIа джэду къуэлэнри си гуфIакIэм дэсти, унэм декIуэлIэжмэ нэхъ къасщтэрт…

АрщхьэкIэ, машинэм и накъырэр къигъэджати, сыкъэувыIащ (абдежым джэдур щтэри, унэр здэщыIэмкIэ щIэпхъуэжащ)…

ЩIалэ гуэр и машинэм къокIри, пщIэ къызэрысхуищIыр и фIэхъус хыкIэмкIэ къызигъащIэу, IитIкIэ си Iэр къеубыдыр.

- Мыр сыту гъэщIэгъуэныщэ! - жеIэ. Сыкъыщыхутари дэнэ? Мыпхуэдиз дахагъэ мыбыкIэ щыIэуи? Уа-рэ, жьы Iубыгъуэр щызу къозыгъаши! - зыхуихьынур имыщIэ хуэдэ, и нэ къицIыщхъуитIымкIэ ихъуреягъыр къиплъыхьт, уафэмкIи щиухыжу.

- Аращ, дахэщ, - къызыпхыздзащ сэри, къызбгъэдыхьам сыпэджэжми, зызэтесIыгъэ щIыкIэу.

Ауэ щыхъукIи, зи гугъу ищIыр къызэрызгурыIуар къезгъащIэу, си щхьэр сщIащ икIи зэуэ зыкъызэкъуэсхри къыпысщащ:

- Аращ, атIэ, къалэм дэсхэр щымыгъуазэми, мыбыкIэ дунейр щыапхуэдэщ.

Пэж дыдэу, а дакъикъэм ирихьэлIэу дунейр нэхъри зэщIэуфIыцIами, уафэри щIылъэри, мазэ ныкъуэу «дызымыутIыпщ» жыг хадэри, губгъуэу зи нэз къыкъуэщыжари плъыфэ зэмылIэужьыгъуэбэм ираIауэ «зэщIэхъаерт». 

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.