КЪРУ ГЪУАБЖЭ

Ар щхъуафэщ. И щхьэ щIыбым IэпапIэ плъыжьхэр хэсщ. И лъакъуэхэр фIыцIэщ. Я нэхъыбэм щIэжьей цIыкIухэр Кавказ ЩIыбым къыщраш, иныкъуэхэми а лъэныкъуэмкIэ щIымахуэр щрах. Кавказ Ищхъэрэм куэду ущрохьэлIэ, и тафэ, бгылъэ щIыпIэхэм гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щагъакIуэ.
ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щопсэу, ипщэ, ищхъэрэ щIыналъэ пхыдза дыдэхэм къищынэмыщIа. Европэр зи хэщIапIэхэм щIымахуэр Африкэм и ищхъэрэ тафэ-губгъуалъэхэм щрах.
Цы пхъашэ Iув тетщ. И лъакъуэ кIыхьхэм я лъэгур джафэщ. И дамэхэр мыин дыдэми, бгъуфIэщ, и пэ къарууфIэр хэшауэ кIыхьщ. И макъ жьгъырур жыжьэ мэIу. ПсынщIэу къижыхьми, щIэх езэшыркъым. Зэхъузэбзыр зэфэгъущ, «зэгуэгъущ» жыхуаIэуи зэдопсэу (моногамнэщ). Илъэсым тIэу цы япхъ.
Мы къуалэбзу телъыджэм къишыгъуэр жыгыщхьэм щызыгъакIуи щIылъэрыгъуалъхьи яхэтщ. Тафэ шэдылъэхэм щыпсэухэм я IутIыжыгъуэщ.    
Кърур, гуоурейми, сакъщ. КъэкIыгъэхэр, псом хуэмыдэжу мэракIуэхэкIхэр я щIасэщ, хьэндыркъуакъуэ, блэ, дзыгъуэ хуэдэхэри я мыхьэмышхкъым.
Мы псэущхьэм ехьэлIауэ адыгэхэм псэлъафэ зыбжанэ диIэщ. Абыхэм ящыщщ: «Кърум шыр имыIэмэ, зы бзущ»; «Кърум мывэ жьэдэлъу нэху егъэщ», нэгъуэщIхэри. Псыжь адрыщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж къыщекIуэкI къуажэхьхэм ящыщщ мыри: «Модэ къикI лъакъуэ кIыхь, дищI къихьэ сэрэбжэн, зи нэ хьэджэфэнэ, зи фэ фэрафибл, къуажибл къызэптами-уэзмытын» жыхуиIэр.
Кърум и псэукIэм, и дуней тетыкIэм ижь-ижьыж лъандэрэ кIэлъыплъхэм а псэущхьэр хэкур фIыуэ лъагъуным, абы щыпкъэу хущытыным и дамыгъэу къалъытэ. ХуабапIэ лъыхъуэу уэгум илъэтэж кърум къриш «уэрэд-макъамэм» хэкур IэмалыншагъэкIэ зыбгынэ цIыхум и псэм щыщIэр къигъэлъагъуэ хуэдэщ. Абы щIэдэIум ар и псэм дэмыхьэнкIэ, и гум емыхуэбылIэнкIэ Iэмал иIэкъым.
Кърур Китайм гъащIэ кIыхьым и «джакIуэу», Японием губзыгъагъэм и дамыгъэу, Урысейм Тхьэм и къуалэбзууэ къыщалъытэу щытащ. Адыгэхэм ар дыгъэ къыкъуэкIым дунейр зэригъэхуабэм хуагъадэу, лъагъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я нэщэнэу ябжырт.
Дагъыстэным щыщ усакIуэ цIэрыIуэ Гамзатов Расул «Кърухэр» зыфIища и усэр зэхэзымыха цIыху ди къэралым къыщыгъуэтыгъуейщ. Композитор Френкель Ян макъамэ щIигъэувэу Бернес Марк уэрэду игъэзэщIэжа иужькIэ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ, гупсысэ куу зыщIэлъ гъыбзэ дахэ хъуауэ къыддокIуэкI ар.

БРАТ Хьэсин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.