Доброволецхэм (волонтёрхэм) я зэщIэхъееныгъэмрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ Къэрал советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ КIуэкIуэ КазбекУрысей Федерацэм и Президент Путин В. В. Къэрал советым и зэIущIэ Кремлым щригъэкIуэкIащ доброволецхэм (волонтёрхэм) я зэщIэхъееныгъэмрэ социальнэ Iуэхухэм телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. «ЗэрыгурыIуэгъуэщи, волонтёрхэм ядэIэпыкъу-ныр пIалъэ пыухыкIам тещIыхьауэ щытынукъым. А лэжьыгъэм фIэкIыпIэ имыIэу адэкIи пащэнущ. Правительствэм игъэхьэзыращ 2025 гъэм нэсыху доброволецхэмрэ волонтёрхэмрэ я зэщIэхъееныгъэм зегъэужьыным теухуа концепцэ. А лэжьыгъэм и план зэпкърыхахэр федеральнэ IэнатIэми щIыналъэхэми щызэхалъхьэн икIи волонтёрхэм защIэгъэкъуэнымкIэ Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэм игъэхьэзыра стандартыр абы хагъэхьэн хуейщ. ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар щIыналъэхэм щыщ гупхэр адэкIэ зэрылэжьэну унэтIыныгъэщ, абы къыхэкIыу щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм солъэIу стандартым къыщыгъэлъэгъуа лъэбакъуэхэр зэкIэлъыкIуэу зэрагъэзащIэм волонтёрхэм ящIыгъуу кIэлъыплъыну», - къигъэлъэгъуащ къэралым и Iэтащхьэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|