Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Си гуапэу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ - Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ.
Езым и тхыдэм къриубыдэу Прокуратурэр къэрал, жылагъуэ шынагъуэншагъэр хъумэнымкIэ къэралым и правовой IуэхущIапIэ пэрыту къокIуэкI. Прокуратурэм и лэжьакIуэхэр сыт щыгъуи къыхощ я къалэным зэрыхуэпэжымкIэ, законымрэ захуагъэмрэ хъумэным зэрыхуэхьэзырымкIэ.
Япэ итахэм я хабзэ гъуэзэджэхэр ягъэбагъуэурэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэхэм къапэщыт Iуэху гугъухэр икIи жэуаплыныгъэ зыпылъхэр тэмэму ягъэзащIэ, щIэпхъаджащIэхэм, коррупцэм ебэнынымкIэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымкIэ яхуэфэщэн лэжьыгъэ зэфIагъэкI.
Шэч къытесхьэркъым прокуратурэм и лэжьакIуэхэм законым и хъумакIуэ цIэр адэкIи зэраIэтынум, ди жылагъуэм и правовой, социально-политикэ зэпIэзэрытыныгъэр зэрахъумэнум.
Узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэкум я фIыгъуэр вгъэбэгъуэным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэм икIи жэуап зыпылъым ехъулIэныгъэхэр къыщыфхьыну сынывохъуэхъу.