УнэтIыныгъэхэр пхыгъэкIын

КъБР-м щыIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм щызэхэта коллегием къыщапщытэжащ 2021 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэр. Абы хэтащ министерствэм и унафэщIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ республикэм и оперативнэ щытыкIэм сыт щыгъуи я нэIэ зэрытетар, къагъэ­сэбэпа Iэмалхэр щхьэпэ ­хъуащ унэтIыныгъэ щхьэ­хуэхэм щытыкIэ зэпIэ­зэ­рытыр щы­зэте­Iыгъэ­нымкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ щыхъуащ щIэпхъаджагъэ хьэлъэхэмрэ хьэ­лъэ дыдэхэмрэ, ауэ а зэманым къриубыдэу хэхъуащ IТ-технологиехэр къагъэ­сэбэпу ялэжь хьэгъэщагъэхэр.
ЩIэпхъаджагъэхэу сэтей къащIам проценти 4,5-кIэ хэхъуащ. Наркотикхэм пы­щIауи нэхъыбэ къыщIагъэщащ. Къызэрыхагъэщащи, зриплъэж мазищым кърикIуахэмкIэ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэр процент 20,5-кIэ, абыхэм хэкIуадэхэр процент 27-кIэ, фэбжь хэ­зыхахэр процент 27,1-кIэ ехащ.
БлэкIа илъэсхэм ялэжьа щIэпхъаджагъэхэр сэтей къэ­щIынымрэ ахэр зэхэгъэкIынымкIэ яхузэфIэкIам тепсэлъыхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и полицэм и уна­фэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Гуэбэшы Хьэмидбий.
Министерствэм къулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщ, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Калинин Владимир и псалъэмакъыр тегъэщIат республикэ МВД-м и органхэмрэ къудамэхэмрэ дисциплинэмрэ законнос­тымрэ зэрыщагъэзащIэм, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэ­пэщым.
Апхуэдэуи зэIущIэм ­гулъытэ щыхуащIащ я лэ­жьыгъэм и унэтIыныгъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм ехьэ­лIа Iуэхухэм.
КъБР-м щыIэ къэрал кIуэцI IуэухухэмкIэ министр, полицэм и генерал-майор Павлов Василий пщэрылъ ящи­щIащ зэIущIэм къыщаIэта дэтхэнэ зы унэ­тIыныгъэри пхыгъэ­кIы­нымкIэ къалэнхэр.
Зэхыхьэр Iуэху гуапэкIэ иухащ. Зи къалэныр щапхъэ пылъу зыгъэзащIэ, лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэрызыгъэхьа министерствэм и лэжьакIуэ зыбжанэм иратащ Урысей МВД-м, ­КъБР-м щыIэ МВД-м къабгъэдэкI дамыгъэхэр.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.