ЦIыху псэ къабзэ

Мы тхыгъэ кIэщIымкIэ фэдгъэцIыхуну Исакъ Заринэ Руслан и пхъур 1995 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Бахъсэн къыщалъхуащ. Бахъсэн дэт еджапIэ №4-р ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэри, дохутыр IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтащ. ИужькIэ ординатурэм псантхуэм еIэзэным щыхуеджащ.
Коронавирус уз зэрыцIалэр зыпкърытхэр щагъэхъуж госпиталу «Дубки» хьэблэм дэтым щылэжьащ Заринэ. А узыр къытпкърыхьэу, Исакъыр здэщыIэ сымаджэщым дыщыщIэхуэм, дэ къыдэпхауэ къыдэIэзар Заринэщ. И ныбжьым ­хуумыгъэфэщэну гулъытэшхуэ зыхэлъ бзылъхугъэщ ар. ПцIы хэмылъу, япэу дыщыIущIам, тIэкIу дыкъэуIэбжьат, дохутыр цIыкIур тфIэщIалэIуэу. ­АрщхьэкIэ иужькIэ дэ тлъэгъуащ а цIыхубз псэ ­къабзэр дохутыр IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар.
АпхуэдизкIэ гумызагъэщ а пщащэ цIыкIури,­ къыдэIэза къудейкIэ и къалэныр игъэзэщIауэ­ къи­лъытэртэкъым. Ар дызэрышхэми къы­кIэ­лъып­лъырт. Ерыскъым дигу хуэмыкIуэу дымышхауэ ­къищIамэ, е тшхар фIэмащIэмэ, ди пIэ лъапэм деж къэтIысырти, езым и IэкIэ къыджьэдилъхьэурэ дигъашхэрт. Ар зэи тщыгъупщэнукъым. ЖытIэ пэтми тхуэухыркъым а цIыхубзым дэтлъэгъуа ­гуапагъэр.
ПщIэ лей яхуэфащэщ апхуэдэ бын зыгъэса Заринэ и адэ-анэм. ТхузэфIэкIатэмэ, насыпу щыIэмкIэ дыхуэупсэнт а пщащэ гумащIэм.

Мухьэмэдрэ ФатIимэтрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.